|
|
Щэнхабзэ
27 июля, 2026 - 11:10
Илъэс 70 хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ятха усэщ нобэ зи гугъу тщIынур. Ар илъэс 30 дэкIыжри, уэрэд цIэрыIуэ хъуащ. ДэнэкIи кърагъауэу щызэхэпхырт «Лъэмыж цIыкIум деж» уэрэдыр. Зи насып къэкIуэгъуэ пщащэ цIыкIуу абы дэпыхьам и гугъу умыщIыххэ!
АтIэ сыт и хъыбар апхуэдиз цIыху зытхьэкъуа уэрэдым? «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыным абы и гугъу щищIащ журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ.
24 июля, 2026 - 13:21
КIэрашэ Тембот и пщIэр, и цIэрыIуагъэр яIэтащ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа романхэм, повестхэм, рассказхэм. Ахэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми куэдрэ къыщыдэкIащ. Абыхэм адыгэхэм ди цIэр, ди лъэпкъым и хьэл-щэнхэр, и лIыгъэр, и псэукIэр зыхуэдэр дуней псом кърагъэщIащ. Езы тхакIуэшхуэр уахътыншэ ящIащ. Лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ КIэрашэм и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр.
23 июля, 2026 - 14:04
Коллекционер Шэпар Алан ещхьу къызыхэкIам ехьэлIа Iуэхухэм ягъэгузавэу хузэфIэкI абы хуэзыщIэхэращ апхуэдэу зыхужаIэр. Ар Бахъсэн къалэм щыщщ, и IэщIагъэкIэ юристщ, хьэрычэтыщIэщ, коллекционерщ. Зэхуихьэсыр пшынэщ, апхуэдэ гъэтIылъыгъэу иIэм я бжыгъэр 80-м щхьэдох. Езым къызэрилъытэмкIэ, ар зэхуэхьэсакIуэкъым, атIэ а Iэмэпсымэ телъыджэхэм, уасэншэхэм я хъумакIуэщ. ЦIыхум и гурыфIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ, и гупсысэхэмрэ зыгъэнэщхъейхэмрэ я щыхьэту къыщохъу ахэр.
23 июля, 2026 - 09:00
Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Быштокъуэ (Быштэ) Азэмэт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, Урысейм, адыгэ щыпсэу дэнэ щIыпIи къыщацIыхуа уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ.
23 июля, 2026 - 08:18
Ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI пасэрей IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэщ икIи абы зезыгъэужьщ Бахъсэн къалэм щыщ тхыдэдж, дыщэкI Бырхьэм Мухьэмэд. IэпщIэлъапщIэм лъэпкъ тхыпхъэхэмкIэ игъэдахэ, зи теплъэкIи плъыфэкIи удэзыхьэх адыгэ цIыхубз фащэм и пыIэхэр ед, пхъэ вакъэхэри ещI.
22 июля, 2026 - 16:20
СурэтыщI, дыщэкI, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм я цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэу хэт Еутых Ася и лэжьыгъэхэм сыт щыгъуи щIэупщIэшхуэ яIэщ.
ДыщэкI къудейм къыщымынэу, Еутых Ася кавказ Iэщэхэм фIыуэ щыгъуазэщ. Скифхэм я зэманым щыIа псэущхьэхэр и лэжьыгъэхэм нэхъ зэрыхиухуанэм гу лъыботэ. Скиф щэнхабзэм псэущхьэхэр щIыуэпс къэхъукъащIэхэм я нэщэнэу къыщыгъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъыбэ хуащIырт гузэвэгъуэм щызыхъумэу къалъытэ псэущхьэхэм.
21 июля, 2026 - 14:00
Уэрэдыр езыр-езыру дунейм къытехьэркъым. Ар зыгуэрым еус. Я лъабжьэрэ я купщIэрэ, я гъэпсыкIэрэ я къалэнрэ елъытауэ, адыгэ уэрэдхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу бгуэш мэхъу. Зы гупым хохьэ, псалъэм папщIэ, лIыхъужь цIэрыIуэхэм я уэрэдхэр. Уэрэд куэд траусыхьащ цIыхубэм я нэгу щIэкIа гугъуехьымрэ насыпыншагъэмрэ. Ауэрэ зэманыр кIуэурэ уэрэд яусхэми захъуэжащ. Тхьэусыхафэ, гъыбзэхэм я пIэ къиуващ гушыIэ, гухэлъ дахэ къызыхэщ уэрэдхэр.
21 июля, 2026 - 12:19
КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, «Минги Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр и пшыхь. ЗэIущIэм щхьэусыгъуэ дахэ хуэхъуащ иджыблагъэ Додуев Аскэр и «За белыми снегами» тхылъыр урысыбзэкIэ къызэрыдэкIар.
21 июля, 2026 - 09:26
ТхакIуэ Мэзыхьэ Борис республикэм и жылагъуэ, щэнхабзэ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдэу къекIуэкIащ. Сыт хуэдэ Iуэху пщэрылъ щамыщIами, ар жэуаплыныгъэ хэлъу зэфIигъэкIащ, зыпэрыта IэнатIэхэми щIэ гуэр зэрыхилъхьэным, зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу сытым дежи щытащ. Ар къыхагъэщ Мэзыхьэр фIыуэ зыцIыхуу щытахэм.
15 июля, 2026 - 08:26
ЩоджэнцIыкIу Алий щIэрыщIэу зэфIэува къэбэрдей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъащ, адыгэхэм я усакIуэ пажэщ. И усэхэр япэ дыдэу щытрадзар адыгэбзэкIэ Тыркум къыщыдэкI журналщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэт, узэщIакIуэпсэ нэхут. Адыгэбзэм езым хуэфащэ тхыбзэ литературэ игъуэтынымкIэ, цIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэнымкIэ къалэн ин дыдэ зэфIигъэкIащ. Лъэпкъ прозэр, театрыр, музыкэр, хореографиер дунейпсо щапхъэхэм тету зэфIэувэнми къаруушхуэ ирихьэлIащ. Усэу куэд дыдэ, поэмэу 10, усэу зэхэлъ роман, оперэм и либреттэ, публицистикэ тхыгъэхэр, рассказхэр къыщIэнащ.
Страницы
|