|
|
Щэнхабзэ
18 июня, 2026 - 14:00
Иджыблагъэ и Хэкужь щыхьэщIащ Каппадокие щIыпIэм (Тырку) Тхыдэмрэ гъуазджэмрэ я музей къыщызэIузыха Гуэбэл Сибел (Езауэхэ я пхъурылъхущ). Сибел Тыркум щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэщ, лъэпкъым ирагъэбгына щIыналъэр нэхъыжьхэм фIыуэ зрагъэлъэгъуахэм ящыщщ, IэпэIэсэщ. Ар, и къуэ Серканрэ ипхъу Селдэрэ и гъусэу Налшык щыхьэщIащ. Абыхэм дазэрыIущIам хэхэс гъащIэм иджыри зэ дыхигъэплъащ, Сибел хуэдэ хэкупсэхэр диIэху, адыгэр зэрыпсэунур ди фIэщ ищIащ, хамэ щIыпIэм къыщыхута адыгэхэм я псэм игъэвам щыщ зы Iыхьэ щыгъуазэ дыхъуащ.
18 июня, 2026 - 11:00
Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ,
КIэлъылъати - къэпхъуэтэж.
Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ,
КъэтIи мащэ, итIысхьэж.
15 июня, 2026 - 12:44
«Зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дунейм къытехьа уэрэд, гъыбзэ, тхьэусыхафэхэр нобэ ди гъащIэм куэду хэтщ. Абыхэм къаIуатэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и нэгу щIэкIахэр, и хъуэпсапIэхэр. Ахэр, дауи, зыгуэрым и IэдакъэщIэкIщ. Утыку илъадэу «мыр ттхащ» жаIэу щымытами, зым адрейм хуиIуэтэжурэ цIыхубэм яхэIуа хъуащ а уэрэдхэр. Зэманыр кIуэуэрэ ахэр цIыхубэм яй хъуащ. ЩыIэщ илъэс бжыгъэ гуэр дэкIа иужь уэрэдыр зытхар наIуэ къыщыхъуи. Хэт ищIэрэ нобэ зи гугъу тщIы уэрэдми и къежьапIэр къэзыIуэтэжын къыкъуэкIынкIэ хъунщ, - жеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ.
10 июня, 2026 - 15:45
Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказфильм» киностудием и унафэщI, Шэрджэс къэрал драмэ театрым и тхьэмадэ, режиссер цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор ящыщщ зи IэщIагъэр япэ изыгъэщхэм, зи анэдэлъхубзэм, лъэпкъ щэнхабзэм пщIэ хуэзыщIхэм, ахэр хъума хъуным, зегъэужьыным къызэрымыкIуэу елIалIэхэм. Абы илъэс куэд щIауэ ехъулIэныгъэхэр иIэу спектаклхэр щегъэув Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм. Урысейм щекIуэкI зэпеуэхэм, фестивалхэм къахощ абы и лэжьыгъэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и дэтхэнэ спекталми и псэм щыщ Iыхьэ хелъхьэ.
9 июня, 2026 - 14:26
Дыгъэр къыкъуэкIыу, махуэ къэунэхуам ущыхэбакъуэкIэ, япэу узыIущIэ цIыхум ижь къызэрыпщIихум хуэдэкъэпсу, уэри уи нэгум иралъагъуэ гукъыдэжым елъытащ хьэблэм, къуажэм, къалэм уи фIыгъуэу лъэIэсынур. Мы гъащIэм къыбдыхэт дэтхэнэ зы цIыхуми уазэрыдекIуэкI Iэдэбырщ абыхэм яхуэпщIэфынум я нэхъ мащIэри, ауэ щыхъукIэ, мыхьэнэшхуэ нэхъ зиIэри. Армыраи «Уэ пхуэдэм ухуэгуфIэныр бегъымбар хьэлщ» щIыжаIэр?
9 июня, 2026 - 14:20
Дэтхэнэ зыми и щхьэм хуихьу, и гум щигъафIэу, и гъащIэм иригъэщхьу иIэщ хэхауэ уэрэд гуэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ дзапэ уэрэдхэр лъэпкъым и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ усакIуэ Гъубжокъуэ Лиуанрэ композитор Молэ Владимиррэ зэдатха «Бланэ щалъху мэкIуэж» уэрэдыр.
9 июня, 2026 - 12:25
Инджылызым къыщыдэкI «Дыгъэ» газетыр топсэлъыхь США-м и тIасхъэщIэх IуэхущIапIэм (ФБР) президентым и унафэкIэ къигъэнэIуа дэфтэрхэм. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэршым къилъэтыкIауэ I метррэ сантиметр 20-рэ зи лъагагъ псэущхьэ гуэрхэр ялъэгъуащ.
5 июня, 2026 - 14:26
«Адыгэ псалъэ» газетым и журналист Бекъан Чыланий псэужамэ, мэкъуауэгъуэм и 5-м и ныбжьыр илъэси 100 ирикъунут. Ди газетыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ ЖьэкIэмыхъу Маринэрэ къыдагъэкIа тхылъым ихуащ Чыланий и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ. Абы щыщ тхыгъэ тыдодзэ.
4 июня, 2026 - 11:05
Нью-Йорк къыщалъхуа, Москва щыпсэу ди хэкуэгъу сурэтыщI цIэрыIуэ Кахадэ (Чэгъэду) Зак и лэжьыгъэхэр Налшык щагъэлъагъуэ. «Непокорный герой» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуахыным ипэ къихуэу, Зак журналистхэм зыкъытхуигъэзащ, и гуапэуи ди упщIэхэм жэуап къаритащ.
4 июня, 2026 - 09:26
Ислъамым и тхыдэм зи цIэр къыхэлыдыкI цIыхушхуэхэм ятетхыхьа Аттар Алауддин и «Хъыбархэм» Басри Хьэсэн щIэныгъэлIым теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ.
Хьэсэн апхуэдизкIэ шыIэныгъэшхуэ хэлъти, адрей цIыхухэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэншэу зыкъилъытэжырт. Зэгуэрым Даджлы псыежэхым и Iуфэм абы щIалэ гуэррэ цIыхубзрэ Iусу къилъэгъуащ, я пащхьэм шагъыр птулъкIэ иту. «Еууей, мыгъуэ! - егупсысащ Хьэсэн. – КIуэдащ мы щIалэр! Сэ схуэдами, сыт хъунт!»
Страницы
|