|
|
Щэнхабзэ
5 июля, 2026 - 10:00
Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэси 150-рэ зэрырикъум, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэрыхъум я щIыхькIэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ театр теплъэгъуэхэм хуащIа сурэтхэр. 1940 гъэхэм щегъэжьауэ ди республикэм щылэжьа театр сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуахьэсащ музейм. Эскизхэр Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и архивым къыхахащ.
2 июля, 2026 - 12:43
Бахъсанёнкэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм хэт библиотекэм Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ усэ пшыхь къыщызэригъэпэщащ КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ.
Абы къыщыпсэлъащ Бахъсэн районым щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Щомахуэ Каринэ икIи Бахъсэн районым и администрацэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр яритыжащ Шэшэн Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Тугузов Аслъэнбэч, тхакIуэ Къудей Фаридэ, «Солнышко» журналым и лэжьакIуэ, усакIуэ Мазуренкэ Маринэ, Тамбовскэ къуажэм и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Мэш Ларисэ сымэ.
2 июля, 2026 - 08:00
«УфIыну нэхъ тыншщ, уIеин нэхърэ», - жаIэ адыгэхэм. Американ психолог Шостром Эверетт и гупсысэри абы пэжыжьащэу пхужыIэнукъым. Ауэ ар къызэрыбгурыIуэ къудейм уи хьэлыр ихъуэжыркъым: узэлэжьыжын хуейщ, цIыхухэм уи зэран емыкIын хуэдэу.
1 июля, 2026 - 13:00
Мы уэрэдыр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуахэм ящыщщ. «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зыр ар дунейм къызэрытехьам триухуауэ щытащ журналист КIунтIыщ - ХьэпцIэ Аннэ.
1 июля, 2026 - 10:00
Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ 1448 илъэсыщIэр иублакIэщ. Абы епха тхыдэ къэхъукъащIэхэр муслъымэнхэм ягу къигъэкIыжащ УФ-м и муфтий нэхъыщхьэ Гайнутдин Равиль.
28 июня, 2026 - 09:00
Грознэ къалэм къыщызэIуахащ Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Ипщэм, Кърымым я лъэпкъ литературэхэм хухаха щIэнIуатэ. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. ЩIыналъэ 12-м я лIыкIуэхэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ литературэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм хуащI гулъытэм, щIыналъэхэм я лъэпкъыбзэхэр литуратурэм зэрехъулIэм, щIэджыкIакIуэхэр нэхъ зыдихьэххэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми.
26 июня, 2026 - 10:00
Пасэм псэуахэм зэрыжаIауэ, «анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ». Сабийм зыхилъхьэ хьэлыр балигъхэм ядилъагъумрэ жаIэу зэхихымрэщ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Зи гугъу фхуэсщIыну пщащэми, Нарткъалэ щыщ Къущхьэ Камилэ, къежьапIэ хуэхъуар и анэм бгъэдэлъ зэчийрщ.
23 июня, 2026 - 14:53
Адыгэ IуэрыIуатэхутэ КъардэнгъущI Зырамыку къызэринэкIа и тхыгъэхэм яхэтщ щIакIуэ кIапэм теухуауэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Абы теухуауэ IуэрыIуэтэжу ди лъэхъэнэм къэсахэр япэ дыдэу зэхуэзыхьэсар аращ, щIакIуэ кIапэм хабзэ щхьэхуэхэр епхауэ къызэрыгъуэгурыкIуар тегъэчыныхьауэ япэу жызыIари аращ. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм папщIэ щIэныгъэлIым и къалэмыпэ къыщIэкIа тхыгъэр къитлъхьэныр игъуэу къэтлъытащ, абы хэлъ Iуэху еплъыкIэм иIэ тхыдэ икIи щэнхабзэ мыхьэнэр къэтлъытэри.
23 июня, 2026 - 08:52
(Гупсысэ зэхэджахэм къагъэщIа тхыгъэ)
22 июня, 2026 - 14:04
«Си нанэ» уэрэдыр зэхэзыхауэ, ар фIыуэ зымылъэгъуа, зи гум дэмыхьа щыIэ къыщIэкIынкъым. ГукъэкIыж дахэм ухэзышэ уэрэдщ ар.
Страницы
|