|
Щэнхабзэ
16 января, 2023 - 14:17
Урысей Федерацэмрэ Адыгеймрэ я цIыхубэ артисткэ, композитор, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Сэмэгу Гуащэнагъуэ псэужатэмэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут.
Лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, и гъуэгу щыпхызышыжа а бзылъхугъэм хуэдэщ «и IэщIагъэм къыхуигъэщIат» зыхужаIэр.
16 января, 2023 - 12:55
Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зэригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу, адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмэкъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспортртелъхьэхэр, шабзалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэлъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь.
15 января, 2023 - 11:37
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и артист Къэжэр Борис псэужамэ, дыгъэгъазэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут.
11 января, 2023 - 15:45
Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыщ Таучэ (Щомахуэхэ япхъущ) Альбинэ и IэщIагъэкIэ бухгалтерщ, ауэ IэпщIэлъапщIагъэм дихьэхауэ, хьэпшып хьэлэмэт куэд ещI. Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыф зыхужаIэ бзылъхугъэхэм ар ящыщщ.
11 января, 2023 - 15:27
«КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ»,
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист»
КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэси 105-рэ мэхъу
10 января, 2023 - 10:13
Кавказым цIыху куэд къина къыщIэкIынкъым Черкесск къыщызэIуаха мэжджытыщIэм щымыгуфIыкIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хъуэхъуакIуэ щыIахэщ муфтийм и къуэдзэ Мисиров Хъызыр, Кавказ Ищхъэрэ ислъам институтым и ректор Чочаев Шарафутдин, проректор Шыбзыхъуэ Мурат сымэ. Iэбу Хьэнифэ и цIэр зыфIащыжа мэжджытышхуэм и бжэхэр япэ мэрем нэмэзым къыхузэIуихащ дыгъэгъазэм и 23-м.
9 января, 2023 - 11:27
Ику иту цIыху меларди 5 къекIуэлIауэ къалъытэ Катарым щекIуэкIа топджэгу зэхьэзэхуэшхуэм.
31 декабря, 2022 - 11:41
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу мы зэманым библиотекэхэм я лэжьэкIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр егъуэт. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, щIэныгъэм и кIыщу къекIуэкI а щIыпIэхэм я теплъэри я лэжьыгъэри зэманым декIун хуейщ.
Иджырей модельнэ библиотекэхэр тхылъ псомкIи къызэгъэпэщауэ щытын зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ, ауэ мы зэманымкIэ ар мащIэщ. Ахэр тхылъ хъумапIэ къудей мыхъуу, цIыхум и щIэныгъэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ зыщиужь егъэджэныгъэ, щэнхабзэ центр нэсым хуэгъэкIуэнырщ зи яужь итыр.
31 декабря, 2022 - 09:28
Жаклин сытым дежи сабий жыIэдаIуэу, щэныфIэу, губзыгъэу къэхъуащ. Спортри, сурэт щIынри, балетри, скрипкэри, пианинэри и лъым хэтт. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, литературэм хуеджэну игу къыпылъадэри, университетым щIэтIысхьащ испаныбзэмрэ урысыбзэмрэ зригъэщIэну.
31 декабря, 2022 - 09:28
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ республикэм и художник Уянаев Аслъэнджэрий и лэжьыгъэхэр. «Живопись, взгляд в прошлое» зыфIаща выставкэр къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ. ЩIыналъэм исхэм художникым тыгъэ хуищIа и гъэлъэгъуэныгъэр щIышылэм и кIэ пщIондэ лэжьэнущ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ сурэтыщIым илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ пщIы бжыгъэхэр. Пхъэм, щэкIым, Iуданэм къыхэщIыкIа лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр макъамэр гум къэзыгъэкIщ, узыгъэгупсысэщ.
Страницы
|