Щэнхабзэ

Адыгэхэм я япэ театр

Адыгэхэм япэу яIа тетрым и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Абы щыхьэт тохъуэ Адыгей хэку музейм и фондым къыщагъуэтыжа сурэтхэр.
Псалъэм папщIэ, сурэтхэм къаIуатэ адыгэ театрыр I908 гъэм Екатеринодар (иджы Краснодар къалэрщ) щыIауэ. Театрым игъэлъагъуэу щытащ адыгэ хабзэм, IуэрыIуатэхэм теухуа спектаклхэр.
I908 гъэм щIышылэм и I8-м къыдагъэкIа «Шэрджэс программэм» зэрыжиIэмкIэ, а махуэм и пщыхьэщхьэм адыгэхэм къагъэлъэгъуащ «ЗауэлIхэр зекIуэ зэрежьэ», «Хъыджэбзхэм зауэлIхэр зэрагъэшэсыж», «Зауэм хэкIуэда и къуэм щхьэкIэ анэм и псалъэ» жыхуиIэ теплъэгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.

ЗэпыщIэныгъэхэр къагъэщIэрэщIэж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым иджыблагъэ щыхьэщIащ Абхъаз къэрал университетымрэ Абхъаз-адыгэ филологиемкIэ центру Анкваб Владимир и цIэр зезыхьэмрэ я лэжьакIуэхэр.

Адыгэ хъыбарыжьхэм я зэхуэхьэсыжакIуэ

ЩIагъыбзэрэ гупсысэ гъэщIэгъуэнкIэ псыхьа адыгэ хъыбарыжьхэм я хъумакIуэ, зэхуэхьэсыжакIуэ, уэрэджыIакIуэ Ало ЛутIэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ мэхъу.

КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Ало ЛутIэ ГИТИС-р 1940 гъэм къиуха иужь ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзат. Алор  радиокомитетым ирагъэблэгъа иужь театрыр къегъанэ. Актёр лэжьыгъэм нэхърэ уэрэд жыIэныр сытым дежи нэхъ фIэфIу щытащ ЛутIэ. Абы уэрэджыIакIуэ гуп къызэригъэпэщри,  республикэм и щIыналъэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэу къакIухьащ.

И IэщIагъэм иринасыпыфIэщ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Музыкэ къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Къалэбэч Иринэ республикэм исхэм фIыуэ ялъагъухэм. 

Гъуазджэми щIэныгъэми зэфIэкI щызиIэ

ИскусствоведенэмкIэ доктор, КъБКъУ-м архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и унафэщIым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ, институтым и кафедрэм и доцент, УФ-м и СурэтыщIхэми Дизайнерхэми я союзхэм, Дизайнерхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм хэт, «Шэрджэс дуней», «Нартиада», «Дэрбзэр» зэпеуэхэм я къэпщытакIуэ гупым я унафэщI Къанокъуэ ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIа нэгъуей лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр ЕсэнтIыгу щекIуэкI выставкэм щагъэлъагъуэ. 

IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым Щэн­хабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зе­зыхьэм щагъэлъагъуэ декоративно-прикладной гъуаз­джэм­кIэ IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр. «Гъагъэ, си щIы­налъэ» - аращ абы фIащар. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100, ЩэнхабзэмкIэ фондыр илъэс­ 35-рэ зэ­рырикъум я щIыхькIэ.

Къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и академическэ ансамблым Налшык и Музыкэ къэрал театрым щэкIуэгъуэм и 20-м псапэ хуэщIэу концерт гукъинэж щитащ, Кавказ Ищхъэрэм мы зэманым зэрызыкъыщигъэлъагъуэм и программэм хыхьэу. Ансамблым и ­художественнэ унафэщIыр икIи и дирижёр нэхъыщхьэр ­УФ-м и цIыхубэ артист, генерал-майор Елисеев Викторщ. Концертыр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.

СурэтыщI гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и художник, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъШР-м и Iэтащхьэм и деж щылажьэ Жылагъуэ палатэм хэт адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд Рэмэзан и къуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 70 ирокъу. 

Тхылъым и етIуанэ гъащIэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къаныкъуэ Саадулэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Девушка из Ленинграда» («Ленинград къикIа хъыджэбз») тхылъыр урысыбзэкIэ.

Адыгэ литературэм и Ашэмэз

Уэрэзей Афлик къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 23-м илъэс 75-рэ ирокъу

Лъэпкъыжьым и нэпкъыжьэр уэрэдыжьщи,

Уэрэдыр зи тхьэ лъэпкъыр лъэрытетщ.

  Уэрэзей Афлик.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ