Щэнхабзэ

Къэрэкъат и ущиехэр

Къэзэхъстаным щекIуэкIыну президент хэхыныгъэм цIыхуитху къыщызэдожэ. Нобэрей ди тхыгъэр теухуащ абыхэм бзылъхугъэу яхэт закъуэм - Абден Къэрэкъат. 

Пшахъуэ гъуазджэм хуэIэкIуэлъакIуэ щIалэ

Художник ГъукIэпщокъуэ Щауэмир, дирижёрым хуэдэу и Iэхэр ищIу, удэзыхьэх сурэт телъыджэхэр стIолыщхьэм щещI, и псэм къыщеуэ макъамэр и лэжьыгъэхэм хиухуанэми ярейуэ. 

Уэрэдым псалъэ хадзыркъым

Сабий садым иджыри кIуэуэ, школ учебникым ит «Удз гъэгъахэр щхъуантIэ мэхъу» усэ цIыкIур къэзыщтэу макъамэ щIэзылъхьа хъыджэбз цIыкIум цIыхушхуэ къызэрыхэкIынур гурыIуэгъуэт. Илъэс куэд дэкIа иужьщ, а усэ дыдэр композитор Чайковскэм и макъамэ щIэлъу романсу зэрыщыIэр езым къыщищIар. Гъэсашэ Наталье иджы Урысейм и цIыхубэ артисткэщ, профессорщ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым вокал гъуазджэмкIэ и кафедрэм и унафэщIщ.
И сабиигъуэр, школ кIуэгъуэр, зэрызиужьар

Къалащхьэм щагъэлъэгъуа ди хъугъуэфIыгъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ Москва щекIуэкIа Iуэху дахэхэм ящыщщ Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ музейм къыщызэ­рагъэпэща «Къэбэрдей-Балъкъэр. ЛIэщIыгъуэхэм япхыкI ­гъуэгуанэ» гъэлъэгъуэныгъэ екIур. Ар фокIадэм и 21-м къы­зэIуахащ, мазэкIэ екIуэкIауэ пщэдей зэхуащIыж. 

Зы сурэтыщIым и зэфIэкI

ЦIыху гъащIэр хьэлэмэтщ, ауэ сурэтыщIым ейр нэхъ гъэщIэгъуэныж хуэдэу къыпщохъу. Ар дэ дызэплъ дунейм нэгъуэщIынэкIэ хоплъэ, нэхъ къызэрыгуэкI дыдэ къэхъугъэми хьэлэмэт хилъагъуэу. Апхуэдэ Iэзагъ бгъэдэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдини. 

Зэкъуэшхэм я бэрэбанэ еуэкIэр зэхуэдэтэкъым

Лъэпкъым, цIыхум уиIэтын щхьэкIэ сыт узыхуейр?! СызэригугъэмкIэ, зэчиймрэ абы цIэрыIуэ узэрищIым «уимыгъэундэрэщхъуэнымрэщ». Ар къызэхъулIэрщ гъуазджэм и лъагапIэм нэсыр. Апхуэдэ гупсысэм тетахэщ ГИТИС-р 1940 гъэм къэзыуха зэщхьэгъусэхэу Ало ЛутIэрэ Хьэжгуащэрэ.

Сурэтхэм я къарур

Къаруушхуэ ящIэлъщ сурэтхэм. Псом хуэмыдэу зэман жыжьэм и щыхьэту ахэр къыщыувкIэ. Апхуэдэ гупсысэ къыхэтхащ модельер цIэрыIуэ Сэральп Мадинэ интервью къыщеIытхам щыгъуэ. Бгъэдэлъ IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъуам дыщыщIэупщIэм абы къыджиIат:

Ташло Алий: Дэнэ щIыпIэ зыкъыщызгъэлъагъуэми, адыгэ уэрэди щыжызоIэ

Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Ташло Алий ди къэралым и мызакъуэу, хамэ щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху. Абы и уэрэд жыIэкIэр зэхэзыхауэ и творчествэм димыхьэх щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ташлом и концертхэми ар зыхэт пшыхьхэми цIыхухэр куэду йокIуалIэ. Шэч хэмылъуи, аращ артистым и зэфIэкIыр къызэралъытэ пщалъэ нэхъ лъагэ дыдэр.

«СлIот, Африкэм укIуэнут?»

ТхакIуэ, драматург, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шортэн Аскэрбий (1916 - 1985 гъ.гъ.) ящыщщ ди лъэпкъ театрым и япэ режиссерхэм. И зэманым ар жыджэру адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хэлэжьыхьащ, и художественнэ тхыгъэхэмкIэ (пьесэхэр, очеркхэр, рассказхэр, фельетонхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ) цIыхубэр щIэныгъэм, гъуэгу захуэм, тхыдэр хъумэным хуиунэтIащ.

Фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэ

         СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ художник Баккуев Владимир къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Хасаньинская сюита» зыфIаща а фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэм лэжьыгъэ 95-рэ къызэщIеубыдэ. Псэужамэ, Баккуев Владимир и ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 ирикъунут.

- ЦIыху нэхуу дунейм тета, гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зи IэщIагъэм пэрыта Баккуев Владимир къызэрытхэмытыжрэ зы илъэс мэхъу. Абы къыщIэна сурэтхэри, езым хуэдэу, дэрэжэгъуэ къозытщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ