Щэнхабзэ

КъызыхэкIар зыщымыгъупщэ

АР-м, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ, «Фабрика звёзд» проектым (2002 - 2010) хэта уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къэзан Сэтэней илъэс 20-м нэблэгъауэ урысей шоу-бизнесым и утыкум итщ.

АдыгагъэкIэ хьэщIэмрэ бысымымрэ яхуэгъэза хабзэхэр

Дуней псом лъэпкъыу тетым хьэщIэм ирахыу езыхэм я хабзэ яIэжщ. Кавказ лъэпкъхэр къапщтэмэ, хьэщIэ гъэхьэщIэнкIэ цIэрыIуэщ, абыкIэ къалъэщIыхьэр мащIэу куэдым къалъытэр.

Адыгэ пщащэ Беслъэней Замирэ

Мейкъуапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Черкешенка» фестиваль-зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зи зэфIэкI щеплъыжа Беслъэней Замирэ. Ар къызэригъэпэщащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым, АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэхухэм язщ мы зэхыхьэ дахэр.

Къамэм теухуауэ

 Адыгэ къамэ зылъэгъуам гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым къамэдзэм лэдэх зэрытелъым. 

И хъуэпсапIэхэр зэпхар театрырщ

Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ Адыгей драмэ театрым и артисткэ пажэ Нэхей Маржанэ ди хьэщIэщ.
 Къэбэрдей-Балъкъэрым и театреплъхэм Маржанэ и артист зэфIэкIыр ягъэунэхуну зыбжанэрэ Iэмал яIащ. Режиссёр ЕмкIуж Андзор игъэува «ЛъыщIэж» спектаклым Маржанэ нысэм и ролыр щигъэзэщIат.

ГуапэхужыIэ тхыгъэхэр

ГушыIэр и щIасэт

ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа артист

УФ-м и цIыхубэ артист, театрымрэ киномрэ я актёр ТIыхъужь Алий къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.
 Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт институтыр къиухыу Къэбэрдей-Балъ­къэрым къигъэзэжа иужь,  Къэбэрдей драмэ театрым лэжьэн щыщIидзат. 

Лъэпкъ Iей щыIэкъым

Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ илъэсым щынэблэгъа 1992 гъэм, бжьыхьэм, IуэхукIэ сэ ­сы­кIуэн хуей хъуат Украинэм, нобэ ди нэгу щIэкI гузэвэ­гъуэхэр щынэхъ куу щIыналъэм. Ар мы къэралыгъуэщIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ Ровно къалэрт. Абы дынэсын ипэ къихуэу дэ зы­щы­тIэжьэн хуей хъуащ гъу­нэгъу Беларусым, Столин жыла­гъуэм. Къэралыгъуэшхуэм хэ­тауэ щхьэхуэ зызыщIахэм я цIыхум ядэслъэгъуахэмкIэ сы­хуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм сывдэгуэ­шэну. Си гугъэщ ар гъэщIэ­гъуэн фщыхъуну.

ЩIалэ IэпщIэлъапщIэ

Нобэ ди псэлъэгъу Шорэ Мухьэдин IэщIагъэ зызрипщытар тыншхэм ящыщкъым. Иджырей щIалэгъуалэм IэпэIэсэ куэд яхэтми, Мухьэдин хуэдэр зырызщ. Абы адыгэ пшынэ ещI, треухуэ, пасэрей пшынэжьхэр Iэзэу зэрегъэпэщыж.

Къафэм и дунейм

Адыгэ къафэм ипсыхьащ «Кабардинка» академическэ къэфакIуэ гупым илъэс куэд хъуауэ хэт Сокъур Мадинэ. Москва къэрал техникэ институтыр къиуха щхьэкIэ, абы зэи ирилэжьакъым. Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, къафэм и дуней телъыджэм къыхэхута нэужь абы гъащIэм хуиIэ еплъыкIэмрэ и мурадхэмрэ зыкъомкIэ захъуэжащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, Мадинэ къафэм хуиIэ лъагъуныгъэр хуэм-хуэмурэ зэтеувакъым, атIэ зэуэ дихьэха хъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ