Щэнхабзэ

Адыгэ уэрэдхэр зи дамэ Третьяк Татьянэ

ЦIыхур адрейхэм къыхэзыгъэщ хьэл-щэн е IуэхущIафэ екIу щыдэплъагъум и деж уогупсыс: «Ярэби, сыту пIэрэ абы и къежьапIэр?» жыпIэу. Апхуэдэ упщIэр уигу къимыгъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым адыгэбзэ къабзэкIэ уэрэд жызыIэ урыс бзылъхугъэ цIыкIу Третьяк Татьянэ и утыку итыкIэр щыплъагъукIэ…

Хабзэр фIымэ, щапхъэ трах

ЩIэныгъэлI щэджащэхэм, хамэ къэрал къэхутакIуэ цIэ¬ры¬Iуэхэм я лэжьыгъэ куэдым зэрыщаубзыхуащи,  адыгэ лъэпкъыр нэхъыжь дыдэхэм, хабзэ дахэ, нэмыс лъагэ, хьэл-щэн екIу, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъ, зи адэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъ гъуэзэджэщ.
Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.

Лъэпкъ IуэрыIуатэм Москва щытопсэлъыхь

ФокIадэм и 20-21-хэм Москва Лъэпкъхэм я унэм щекIуэкIащ «Народный эпос и действительность» зыфIаща зэIущIэ. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и Правительствэм, Москва къалэм лъэпкъ политикэмрэ щIыналъэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и Департаментым, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым, РАН-м тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, сурэтыщI-дэрбзэр ТIажь Альбинэ и фондым. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ мы илъэсыр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрагъэувам и щIыхькIэ.

Щэнхабзэмрэ спортымрэ я фестиваль

Шэшэн республикэм и Грознэ къалэм дыгъуасэ къыщызэIуахащ Кавказым ис лъэпкъхэм я ебланэ щэнхабзэ, спорт фестивалыр. ФокIадэм и 23 - 25-хэм екIуэкIыну зэхыхьэ гуапэм зэ­хуи­шэсащ музейхэм я лэ­жьа­кIуэхэр, артистхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэр. Апхуэдэу абы зыкъыщагъэлъагъуэ Лэс­кэн, Шэрэдж, Прохладнэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм. Ар къы­зэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ, СпортымкIэ и министерствэхэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувам хыхьэу.
 

Илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ…

Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ куржы усакIуэ щэджащэ Руставели Шота и цIэр зезыхьэ, Тбилиси дэт театр институтым Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ папщIэ лъэпкъ труппэхэр - студиехэр къызэрыщызэIуахрэ. ЛIыщIыгъуэ ныкъуи текIыжащ япэу абы щIыхьахэм къызэраухрэ.

Сыт къызэптмэ, сыбдэкIуэн?

Къэзэхъстаным Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ.  Унагъуэ зэдаухуэну мурад  зыщIа  щIалэрэ хъыджэбзрэ уасэм теухуауэ зэгурыIуэфакъым.

Диным хэгъэзыхь хэлъкъым!

              Ираным  Iэуэлъауэшхуэ  щокIуэкI.  ЦIыхубзхэм  зыкъаIэтауэ, я щхьэфIэпхыкIхэр  ягъэс. Сыт  къэхъуар?

         ФокIадэм и I3-м  курд лъэпкъым  щыщ Iэмини Махсэ я благъэхэм я деж Тегеран  хьэщIапIэ къэкIуащ. Илъэс  22-рэ  ныбжьым ит хъыджэбзым, зэрыжаIэмкIэ, IэлъэщI телът, ауэ  и щхьэцыр  къыщIэщырт. Къэралым щылажьэ «Хабзэм кIэлъыплъ»  полицэм  хъыджэбзыр  тутнакъэщым ишэри, удын къытрилъхьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, махуищкIэ яIыгъа Махсэ фэбжь телъхьэм къагъэлъэгъуащ  абы  къарукIэ зэреныкъуэкъуар. Ещанэ  махуэм  хъыджэбзыр  щIалъхьащ.

ЛIыгъэ зыхэлъыр мамырыгъэр тезыгъакIуэрщ

Тамаев Iэсхьаб кавказ щIалэгъуалэм я деж щыцIэрыIуэ шэшэн спорт блогерщ икIи бэнакIуэщ. Дагъыстэным щыIэрэ пэт, тыкуэнышхуэхэм я зым псынщIэу щIыхьэу къыщIэкIыжыну и мураду, щIалэм машинэр хабзэм ебакъуэу игъэуващ.

ЖЬАКIЭМЫХЪУ КIУНЭ, артисткэ: Си гъуэгум къыщыщIидзэр

 Си адэ-анэм я дежщ си творческэ гъуэгуанэм къыщыщIидзэр. Абыхэм къысхамылъхьамэ, сэ артист сызэрымыхъунум шэч хэлътэкъым.

Пасэрей хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ

Мэзкуу дэт РАН-м КъуэкIыпIэр джынымкIэ и институтым ­КъуэкIыпIэ щэнхабзэмкIэ и центрым фокIадэм и 29-м къыщызэIуахынущ пасэрей хьэпшыпхэмрэ литографиехэм­рэ я уней гъэлъэгъуэныгъэ: «ЛIэщIыгъуищым я хъыба­ры­жь­хэр» - адыгэхэр (шэрджэсхэр) XVII - XIX лIэщIыгъуэхэм ящIа урыс, хамэ къэрал графикэ лэжьыгъэхэм къы­зэры­хэщыр».

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ