Щэнхабзэ

«И псэращ ещхьыр»

«Ещхьщ Iунэ, ауэ дэндейра ещхьыр? И нитIыра? Хьэмэрэ и Iупэра? Е и пэрауэ пIэрэ? - Ефэндым къыхуэубыдыркъым пхъэ гуащэр Iунэ зэрещхь щIыкIэр. - Дауэ мыр? И пэр ещхькъым, и нэр ещхькъым, и Iупэ-жьэпкъыпэри ещхьыщэу жыпIэнкъым. ИтIани, ещхьщ.
- Ей, тхьэмыщкIэ, - къопсалъэ ар, зылъыхъуэр къыщыхуэмыгъуэткIэ, - ей, тхьэмыщкIэ, мыр Iунэ ещхьи-тIэ!
- Уэи, къэпщIам! - жи Хьэбалэ, ныкъуэгуфIэ-ныкъуэдыхьэшхыу.

ГурыщIэ къабзэм и макъамэ

ЩыIэу къыщIэкIынкъым мэзыр фIыуэ зымылъагъу, абы кIуэуэ и хьэуа къабзэмкIэ бэуэну зыфIэмыфI, и хъугъуэфIыгъуэм щыщ кIэдахъуэкIэ къищыпыну, щыщэкIуэну, и нэгу зыщригъэужьыну хущIэмыкъу. ЩIэмыхъуэпс щыIэми – зырызщ. А зырызым сэри сахэтщ. «Сахэтщ» жыпIэнри тэмэм дыдэкъым. Сахэтащ. Сахэтащ жысIэ щхьэкIэ, мэзыр фIыуэ слъэгъуауэ, абы сыкIуэну си нэ къикI фIэкIа, сыкIуакъым.

ЩэкIуэным хэпсэукI лъэпкъыжь

Илъэс 40000-м нэблэгъауэ Танзание Ищхъэрэм хыхьэ, тхыдэкIэ къалъыс я щIы Iыхьэм щопсэу «хадза» лъэпкъыр. Иужьрей илъэс 50-м къриубыдэу, абы щыщу процент 90-м нэс яфIэкIуэдащ. Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуар щIым телэжьыхь хьэрычэтыщIэхэм щысхь ямыIэу мэзхэр зэрыраупщIыкIымрэ псы къыщIэжыпIэхэр зэрызэпрашымрэщ. Дызэрыт зэманым я бжыгъэр 1 миным нэсыж-нэмысыжщ лъэпкъым. 

Гуэл ЩхъуантIэхэм я удыгъэ къарур

Каленин Олег Пензэ областым хыхьэ, Русский Камешкир къуажэм къыщыдэкI «Новь» газетым и сурэттехщ. ЦIыхуибл хъууэ Пензэ областым къикIа лIыкIуэхэм язт фотокорреспондентыр. Абы и репортажыр епхащ я гупыр Гуэл ЩхъуантIэхэм зэрыщыIам.

Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэ

Налшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

Нысашэм къыщигъуэта IэщIагъэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къашыргъэ Мадинэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, абы щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным илъэс 30-м щIигъуауэ йолэжь. Бзылъхугъэр 1989 гъэ лъандэрэ щрегъаджэ Налшык къалэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэщ икIи концертмейстерщ.

ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Май районым хыхьэ Александровскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 20I9 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ а станицэм щыкIуам яубзыхуащ ар. 

ГъащIэр къызэрекIэрэхъуэкIыфыр

«Нэхъ и пэкIэ музыкэр къысфIэмыIуэхущэ хуэдэу щытащ. КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтыр къэзуха нэужъ, уеблэмэ бухгалтеруи седжэжыну си гуращэу КооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ Белгород университетым Налшык къалэм щиIэ къудамэм сыщIэтIысхьэжауэ щытащ. Музыкэм си лэжьыгъэр еспхыну сигу къэмыкIыхэми, абдеж ирихьэлIэу оперэм мащIэу сыдихьэхат. Ауэ сэ езым згъэщIэгъуэжу, псори зэрыхъун хуейм хуэдэу зэхуэхъуащ. 2008 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм сылъатэрт.

Ныбжьэгъу пэж

Илъэс 50-м нэблэгъауэ Заур соцIыхури, фIы фIэкIа схужыIэнукъым. 1973 гъэм «Кабардинкэм» сыщыхыхьам, Ма­рыщыр солисту хэтащ. ИкъукIэ дахэу ­къафэрт. Абы игъэзащIэу сигу къинахэм ящыщщ «Ислъэмей», «Псынэм деж» къафэхэр.

Егугъуу сабийхэм ядолажьэ

Заур сэрэ тIури Тэрч дыщыщщ, къищынэмыщIауэ, илъэс куэдкIэ ансамблым дыщызэдэлэжьащ. «ЦIыхур къэпцIыхуну ухуеймэ, гъуэгу дытехьэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. НтIэ, сэ Заур игъусэу гъуэгу мащIэ сытетакъым. Дунейр къызэхэткIухьащ ансамблым.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ