|
Щэнхабзэ
26 августа, 2020 - 05:15
ЩIэдзапIи кIэухи иIэкъым
Ди газетым зэрытетащи, Урысейм ХудожествэхэмкIэ академием хэт, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къызэреблэгъар къэдгъэсэбэпри, и творчествэм, мурадхэм, IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
19 августа, 2020 - 05:10
Ныбжьэгъум и псалъэ
(Вындыжь Марие)
Усэ тхыным дихьэх, абыкIэ зэчий зыбгъэдэлъ цIыхур сыт хуэдэ IэнатIэ бгъэдэмытми, зэман къигъуэтынущ икIи и псэр темыпыIэу елэжьынущ тхэным, а тхыгъэхэр и купщIэкIи, и гупсысэкIи удахьэхыу дунейм къызэрытехьэным хущIэкъунущ. Псалъэр зыгъэIурыщIэфым, ар зэхэщIыкIыгъуэу, фIэщхъуныгъэ хэлъу къэзыгъэсэбэпыфым сыт хуэдэ гупсысэри удихьэхыу, гумрэ псэмрэ дыхьэу къеIуэтэф. Апхуэдэ цIыхухэм ящыщу Вындыжь Марие къэплъытэу щытмэ, щыуагъэ хъуну сэ къысщыхъуркъым.
19 августа, 2020 - 05:10
ДифI догъэлъапIэ
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, усакIуэ цIэрыIуэ, уэрэдус Iэзэ Вындыжь Марие и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ редакцэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ Вындыжьым радиом щигъэхьэзыр нэтынхэр купщIафIэщ, щIэблэр гъэсэнымкIэ, щIэныгъэ тэмэм ягъуэтынымкIэ, егъэджэныгъэм и мардэфIхэм дэнэкIи зыщаубгъунымкIэ IэмалыфIхэщ.
19 августа, 2020 - 05:07
ЕгъэджакIуэм и псалъэ
Псэр ягъэIэсэ, гур ягъэкъабзэ
Вындыжь Марие и усэ сатырхэм гупсысэ щIэщыгъуэхэр щызэкIэлъыхьащ.Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ хуэусэми - псори Iэзагъ лъэщ хэлъу, зы гупсысэм адрейр къигъэщIу къызэрокI ахэр. ЦIыхухэм я зэхэтыкIэ, зэрылъагъукIэ, зэрылъытэкIэм я закъуэкъым псэр зыхуэныкъуэр - ар хуейщ гъэм и зэманхэм «ядэуэршэрыну», дунейм и щытыкIэр зыхищIэну, абы и къэхъукъащIэм гулъытэ хуищIыну, ар игъэщIэрэщIэну, кIэлъыплъыну, хьэуа къабзэкIэ бэуэну…
12 августа, 2020 - 05:15

Израилым адыгэ къуажитI исщ - Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Кфар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 3200-рэ мэхъу. Рихьанием щопсэу абазэхэ, шапсыгъ 1200-рэ хуэдиз.
12 августа, 2020 - 05:15
Дунейпсо Шэрджэс фестивалым (1991 гъэ) и лIыкIуэхэу нэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Сирием щыпсэу адыгэ пщащэ КIэдыкIуей Хъанэ.
Хъанэ Дамаск еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиухащ. И IэщIагъэкIэ сурэтыщIщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт зыбжанэ Сириемрэ США-мрэ ехъулIэныгъэ яIэу щагъэлъэгъуащ. ИужькIэ КIэдыкIуейр стюардессэу лэжьащ, къэрал куэд илъэгъуащ. Езым зэрыжиIэжымкIэ, Хэкужьым нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ, нэхъ зыгъэпIейтей дунейм темыту аращ.
7 августа, 2020 - 05:20
ЦIыхубэ уэрэдхэр гум нэсу зыгъэзащIэу щыта, зи макъ гуакIуэр куэдым ягу къинэжа Руслановэ Лидие Саратов губернием хыхьэ Чернавкэ къуажэм 1900 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м къыщалъхуащ. Япэ дыдэу абы тегушхуэу уэрэд щыжиIам и ныбжьыр илъэсих къудейт зэрыхъур.
5 августа, 2020 - 05:08
Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур 1976 гъэ лъандэрэ Москва къалэм щолажьэ. Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ музыкэ академиер къиухащ. Союзпсо, Урысейпсо зэпеуэхэм я лауреатщ. Совет Союзым хэта республикэхэм я мызакъуэу, Бельгием, Германием, Израилым, Индием, Иорданием, Италием, Польшэм, Словакием, Словением, США-м, Тыркум къыщацIыху.
1989 гъэм къыщегъэжьауэ 1992 гъэ пщIондэ Театр гъуазджэмкIэ урысей академием (ГИТИС) щригъэджащ.
29 июля, 2020 - 05:07
«Мстиславрэ Ридадэрэ» - аращ зэреджэр иджыблагъэ Котляровхэ я тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъыщIэм.
24 июля, 2020 - 05:15
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Нэхущ (Къаскъул) Залинэ зи IэщIагъэм хуэIэижь, Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ лэжьакIуэщ.
Страницы
|