Щэнхабзэ

ТхьэлъэIу

Тхьэхэм, тхьэпэлъытэхэм зэрелъэIу, зэрагъэлъапIэ щIыкIэщ. Ар езы псалъэми къеIуатэ: тхьэм елъэIун. ЦIыхур дунейм къызэрытехъуэрэ тхьэм еджэрэ елъэIуу къогъуэгурыкIуэ. Абы и щыхьэтщ тхьэджэ псалъэри. Ар иджырей адыгэбзэм щIагъуэу щызекIуэжкъым, ауэ зи гугъу тщIыр мы псэлъафэм къеIуатэ: сомыгъэтхьэджэ (умыгъэтхьэджэ), н. 

Ди щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэр

ТхакIуэ икIи лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ «Кабардино-Балкария: природный курорт, всероссийская здравница, туристическая Мекка» тхылъ сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. 

Зыми емыщхь

Ди лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм цIыхубэ творчествэр къыхэпхыжмэ, ямылейуэ куэд къанэркъым, жыжьэ дыди кIуэцIрыкI хуэдэкъым. КъыщIэмынэр зыщ – тхыбзэм и тхыдэр зэкIэ зэрымылIэщIыгъуэрыбжэращ. ИтIанэми, а куу дыдэу къыпфIэмыщIын тхыдэми уи гур хэзыгъэхъуэн Iэджи хэлъщ. 

Налшык къэкIуат

Урыс уэрэджыIакIуэ щэджащэ Шаляпин Федор (1873 - 1938) гъэ къэс Мин-воды зыщигъэпсэхуу щытащ. 1917 гъэм ар Нартсанэ къэкIуати, абы щыгъуэ Налшыки кърагъэблэгъат.

ФIыуэ тцIыхурэ?

Хьэлэмэтыр матэм илъщ, гъэщIэгъуэныр гъуанэм исщ, жытIэу щытащ дыщысабийм щы­гъуэ. А псалъэхэм къарыкIыр и кIэм нэсу къыщыбгурыIуэр хьэлэмэтым е гъэщIэгъуэным ури­хьэлIа иужьщ, дауи. Матэм илъыр къипхыфынущ, и лъащIэми ­улъэIэсыфынущ, ауэ ­гъуанэм лъабжьэ имыIэнкIи хъунущ…

Нэм илъагъумрэ псэм зыхищIэмрэ къызэраIуатэ

         Гъуазджэр зи IэщIагъэ цIыхухэм я гупсысэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ икIи гъэщIэгъуэнщ. Псом хуэмыдэу узыщIэзыгъэдэIущ сурэтыщI-график Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. Аращ абы щIэх-щIэхыурэ депсэлъэн щIытфIэфIыр.

         - Заурбэч, Совет зэманым сыт хуэдэу псэурэт сурэтыщIхэр: сыт я лэжьэкIэт, сытхэм хунэсрэт?

Къабзагъэр узыншагъэщ

XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ пщIондэ Европэр къабзагъэм хуэхейуэ щытащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Тхыдэм теухуа фильмхэм Iуэхум и пэжыпIэм щыгъуазэ уащIыфынукъым, сыту жыпIэмэ, ахэр щагъэувар ди лъэхъэнэрщ.

ЗэрытщIэщи, алыджхэмрэ урымхэмрэ зыгъэкъэбзэныр нэрыгъ ящIыпат, зыгъэпскIыпIэхэр бжыгъэншэу яухуэу. Чыристан диныр тепщэ хъун ипэкIэ Италием и къалащхьэ Рим хьэмэмхэм я бжыгъэр миным щыщIигъуу щытауэ жаIэ. ИужькIэ а псори шейтIаным и хуэIухуэщIэу къалъытэри ягъэкIуэдыжащ.

НэщIэпкIэрэ пэт ищIэфым еплъ…

 ХХ - нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм хы ФIыцIэм щыкуэдт къэралыгъуэ щхьэхуэхэм я шхыныгъуэ лъапIэхэм хабжэ « устрицы», « мидий», « гребешки» жыхуаIэ моллюскэхэр. Къапщтэмэ, тхакIуэшхуэ Фазиль Искандер и Абхъаз хъыбархэм щIэх - щIэхыурэ ущрохьэлIэ, хым зыщIагъэмбрыуэурэ мидийр къыхахыу зэрыщытам. Ар лъапIэу ящэхурти, абыкIэ мылъку зыщIхэм мыбауэу псы щIагъым куэдрэ щIэтыф щIалэ цIыкIухэр   ягъэлажьэрт. Абы лъандэрэ зэман дэкIащ, нобэ хы ФIыцIэм а зи гугъу тщIы псэущхьэхэр улъыхъуакIи щыбгъуэтыжынукъым - рапанэкIэ зэджэ нэщIэпкIэ лIэужьыгъуэм псори зэщIикъуэфащ.

Къэпщытэныгъэхэм пащэ

2009 гъэм Урысейм и Президентым и унафэкIэ къащтауэ щытащ  Кавказым мэз джэдухэм я бжыгъэр щызэфIэгъэувэжыным теухуа программэ щхьэхуэ. А зэманым къриубыдэу ар къалэн зыщащIа щIэныгъэлIхэм щомыщу 8 мэзхэм щIаутIыпщхьащ. Абыхэм ящыщу 4-р псэущ, я щхьэ хъарзынэу япIыж.  Гъэ кIуам и гугъу фхуэтщIат Осетие Ищхъэ – Аланием щаутIыпща леопардищыр Къэбэрдей -  Балъкъэрым и мэзхэм къызэрысам. Иджыблагъэ къытIэрыхьа хъыбархэм къызэрыхэщамкIэ,  мыгувэу иджыри 3 яутIыпщынущ.

«Iупхъуэр зэIуфх»

 Совет балетыр ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIхэм. Ар зыужьыныгъэм и гъуэгут, Iуэхугъуэшхуэт. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ