|
Щэнхабзэ
8 июля, 2022 - 12:23
Хьэнфэн Алим къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу
Хьэнфэн Алим Мэзан и къуэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм I922 гъэм бадзэуэгъуэм и I0-м къыщалъхуащ. Адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыхэкIа щIалэ цIыкIур и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ IэнатIэ гугъу пороувэ: илъэсий и ныбжьу абы и адэр фIокIуэд, и щхьэ закъуэ къарукIэ сабииплI ипIыну къызыхуэна и анэм жеи псэхуи имыIэу ахэр зыхуей хуегъазэ.
7 июля, 2022 - 12:06
Агънокъуэ Лашэ (и цIэ дыдэр Адэлджэрийт, ауэ и анэр ЛашэкIэ еджэурэ, абы къытенат) Уэсмэн и къуэр I85I гъэм Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.
7 июля, 2022 - 12:06
Адыгэ къафэм и щIыхьыр яIэту сыт щыгъуи утыку итщ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэт щIалэгъуалэр. Абыхэм ящыщщ зэщхьэгъусэхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Куэтэншы Русланрэ Каринэрэ (Щоджэнхэ япхъущ).
7 июля, 2022 - 11:41
Макъамэу зыхэпщIэфынущ тхьэмпэм я щхъыщхъ макъри, уэшхри, толъкъунри, цIырцIырхэмрэ пкIауэхэмрэ я макъри, бзум и уэрэдри… Дунейр къызэрыунэхурэ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ макъщ ахэр. Дауи, макъхэр зэхуэмыдэу зыхещIэ цIыхум. Уафэгъуагъуэ уэшхым игъэгузавэмэ, бзухэм я бзэрабзэ макъым гупсэхугъуэ кърет.
Иджыри дунейм къытемыхьэ щIыкIэ цIыхум зэхех и анэм и гум и къеуэкIэр, зэрыбауэр. Дунейм къытохьэри, макъ бжыгъэншэхэм я дунейм къыхохутэ. Макъыу зэхихым щыщхэр къигъэIужынуи иужь йохьэ.
6 июля, 2022 - 10:52
Ди щIыналъэм нэхъ IэпэIэсэу исхэм ящыщщ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав.
4 июля, 2022 - 14:30
Москва и «Зарядье» паркым и утым, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» псыутхым пэгъунэгъуу, мэкъуауэгъуэм 20-26-хэм «Дахагъэм и тхьэмахуэ» выставкэ нэхъыщхьэр щекIуэкIащ.
3 июля, 2022 - 08:43
Музыкэ театрым щагъэлъэпIащ Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъытэ «Вагъуэ цIыкIу» и сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ) къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсипщI зэрырикъур. Къафэр зи псэм хэлъ ныбжьыщIэхэр щагъафIэ концертыр гукъинэжу къызэрагъэпэщащ. Ар иригъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэ.
2 июля, 2022 - 11:27
Ди газетым зэрытетащи, мэкъуауэгъуэм и кIэхэм Адыгэ Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гукъинэжу щекIуэкIащ, абы и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ я щIыхькIэ (Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Шэшэн республикэхэм 2022 гъэм ягъэлъапIэ я къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур).
30 июня, 2022 - 13:49
«Нэхэр – псэм и гъуджэщ», - жаIэгъащ гупсысакIуэшхуэхэм. Сэ хуабжьу сатхьэкъуащ Руслан и нэхэм, - щитхащ сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил «Црым Руслан» тхылъым и пэублэ псалъэм. – ГъащIэ мытыншым и гъуэгу гугъусыгъухэм и лъагъуэ щыпхызышауэ зи закъуэу пхыкI цIыху къабзэм, губзыгъэм и нэхэм. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу «Сурэтхэр - сурэтыщIым и псэщ» жызыIа философхэм а я псалъэхэр».
30 июня, 2022 - 09:58
УэрэдкIэ цIыхухэм ягу удыхьэн папщIэ макъ телъыджэ уиIэнри мащIэу къыщIэкIынущ. Гуапагъэ, хуабагъэ гуэр къыпкъырыкIын хуейщ уэрэджыIакIуэм. И IэщIагъэм и гурэ и псэрэ хузэIухащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ Бэрэгъун Марианнэ. Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэм зэрысабийрэ уэрэд жыIэным гупыж хуиIэщ. МакъамэмкIэ Тэрч къалэ щыIэ еджапIэм ар фортопианэм щыхуеджащ, Налшык къыщиухащ макъамэ училищэр.
Страницы
|