Щэнхабзэ

Псэлъыхъу хъыжьэр щIегъуэжащ

Нэхъ пасэу хэIущIыIу хъуауэ щыта, Узбекистаным щыщ щауэмрэ нысащIэмрэ  хеящIэ пащхьэм  ираджэри, къеущияхэщ. 

«ФIыуэ слъагъу Кавказ»

Ар и фIэщыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ставрополье щIыналъэхэр зэпызыщIэ, километр миным щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгуанэм. Иджы мы гъэм абы лъэпкъ статусыр къыхуагъэфэщэнкIэ хъунущ. Абы ехьэлIауэ зыхуеину тхылъхэр Урысей туризмым ирагъэхьауэ къэпщытакIуэ советыр хоплъэ. 

Макъамэхэм я лъахэм

Бозий Зураб уэрэджыIакIуэщ, макъамэ продюсерщ. «boziirecords» IуэхущIапIэр абы къызэрызэригъэпэщрэ куэд мыщIами, макъамэ зэратхымрэ зэрызэхагъэувэмрэ хуигъасэ щIалэгъуалэм я ехъулIэныгъэхэр нэрылъагъу хъуащ.

Гупсысэр сурэту

ЦIыху щыIэщ, и псэм зыщIиша гуапагъэр зэтрихьа нэужь, дахагъэу ар гъащIэм хэзылъхьэ, телъыджэ гуэр къэзыгъэщI. Абы иIэжщ езым и дуней, псэм и лъахэм щытIыгъуа гупсысэхэр. А псом къыхих гурыфIыгъуэр зэтрехьэри, зегъэнщIыж. Апхуэдэщ сурэтыщIым и гъащIэр. Абы и IуэхукIэ щIэщыгъуэщ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Абей Iэсият и гупсысэхэр. Ахэм щIэдзапIэ яхуэхъури сабиигъуэм епха гукъэкIыжхэрщ.

Атэлыкъ

«ХамэщIым гъащIэу къыщекIуэкIыр,
ЗригъэщIэну ар хуэпIащIэу,
НыбжьыщIэу унэр ибгынат…», - Лермонтов Михаил.

Хабзэ дахэрэ икIи мыхьэнэшхуэ иIэу адыгэхэм ягъэзэщIахэм ящыщщ атэлыкъыр. Хамэ быныр езым ейм хуэдэу зыпIа цIыхум «атылэкъкIэ» йоджэ. Быныр зеймрэ атэлыкъымрэ апхуэдэ щIыкIэкIэ лъыкIэ зэгухьауэ, зэблагъэ хъуауэ ябжырт. Атэлъыкъым и мыхьэнэр апхуэдизкIэ инти, унагъуитIым я закъуэ мыхъуу, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъуурэ, жылэ псохэр зэрыщIэрт, зэрыцIыхурт, зэгухьэрт.

ГуфIэгъуэ Iэнэ

“Я хьэщIэм Iэнэ хуаIэтамэ,
жэщищ-махуищкIэ зэхэмыкI…”,
- Пушкин Александр.
Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт. “Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ”, - жеIэ адыгэ псалъэжьым. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм зыгуэр тIысынуи, къэтэджынуи, хъуэхъу жиIэнуи хуиттэкъым.

Лъагъуныгъэм ипэ напэ

Гъэмахуэр къызэрысу, кавказ хэкурысхэр я щхьэ хуимытыж мэхъу. Узэрыбысымыр пщIэжу, тэмакъкIыхьыныр зытебгъахуэу, итIани, уи нэхъыщIи уи нэхъыжьи хуумыгъэфащэ теплъэгъуэхэм зэзэмызэ зыщаубгъу ди уэрамхэм.  

Тхыпхъэхэм я «гуащэхэр»

Тхыдэдж, этнограф КIыщ Хьэзрэтэлий «IэпщIэлъапщIэ» гупжьейр 1984 гъэм щигъэлажьэм, МэзщIэкIуасэхэ япхъухэу Маринеттэрэ (Дагъырхэ я нысэщ) Джульеттэрэ (Шэт) абы и деж зыщагъасэрт. КIыщыр а зэманым щIэхъуэпсырт дыщэидэ лъэпкъ IэщIагъэр къигъэщIэрэщIэжыну.

Гумрэ псэмрэ хуихь IэщIагъэ

         Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэщIэзубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лианэ илъэси 8 хъуауэ зи яужь итыр. А Iуэхум зэрыдихьэхам, щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтам, япэу къехъулIа лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми хъыджэбзыр къытхутепсэлъыхьащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Хэхъуэмрэ гъэсэныгъэмрэ

«ГъэрыпIэ зэрихуар къыфIэмыIуэхуу,

Бгырысхэм я щэнхабзэм ар кIэлъыплъырт…», - Пушкин Александр.

Адыгэхэр сыт хуэдизу зэпIэзэрыту, хьэлкIэ зэтеубыдарэ, ткIийуэ щымытами, хуабагъэшхуэ яхэлъу сабийхэм ящхьэщытт. Сабийм, хэхъуэм ехьэлIауэ щыIа хабзэхэм уриплъэжмэ, къыбгурыIуэнущ ар.

Псом япэрауэ, сабийр дунейм къызэрытехьэу, анэм и пыIэр щхьэрихыжырти, IэлъэщI зэтрилъхьэрт. Абы къигъэлъагъуэрт нысащIэр унагъуэм щыщ нэрыбгэ зэрыхъуар.

Сабийр къызэралъхурэ тхьэмахуитI щрикъу махуэм техуэу гущэхэпхэ ящIырт.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ