Щэнхабзэ

Лъэпкъ фащэхэр зи пщIыхь

Мы тхыгъэр зытеухуар дизайнер, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэщIагъэфI зиIэ, адыгэ цIыхубз, цIыхухъу фащэхэр зыд Къущхьэ (ДыщэкI) Радимэщ. 

«Ислъэмейр» илъэс 30 ирокъу

Адыгэ Республикэм лъэпкъ уэрэдхэмкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ 30 зэрырикъуам и щIыхькIэ концертышхуэ Мейкъуапэ щитащ.

Усыгъэр щIэблэм я Iэпэгъуу

ЩэнхабзэмкIэ фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм,  щекIуэкIащ «Ди псалъэр къыщыIужкIэ» республикэпсо литературэ зэ­пеуэм и «Художественнэ псалъэ» Iыхьэр. Ар екIуэ­кIащ  усакIуэхэу,  тхакIуэхэу  Журт Биберд, Уэрэзей Афлик, За­лиханов Жанакаит, Гулиев Мажит сымэ ягу къагъэкIыжу, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу усакIуэхэу Мусукаевэ Саки­натрэ Куэшбей Джамболэтрэ ягъэлъапIэу. Зэпеуэм хэт ­ныбжьыщIэхэр абыхэм я Iэ­дакъэщIэкIхэм къеджащ адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи.

Хэкум теухуа усэхэр

Бахъсэн районым и Щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центрым щекIуэкIащ усэ къеджэнымкIэ «Воспевая Родину свою» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсыр зэрагъэлъапIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

Мывэ быдэм къыхэщIыкIа теплъэ щабэ

Итальян скульптор Камилло Торреджани (1820 - 1896 гъэхэм псэуащ) унагъуэ хуэмыщIам къыщалъхуауэ щытащ. Илъэс 20 щыхъум Феррару жылэ цIыкIур ибгынащ, лэжьапIэ лъыхъуэу. Балоньем щыIэ дель Подеста унэ-быдапIэр игъэдахэу лэжьащ пIалъэкIэ. Иужьым, скульптор Пампалони Луиджи и деж зыщигъэсэну Флоренцием мэIэпхъуэ. Илъэс 11-кIэ абы щыIауэ, Iуэхум нэсу хэгъуэзауэ, Феррару къигъэзэжри лъэщапIэ къызэIуихащ.

Европэр къабзагъэм зэрыхущытым зэрызиужьар

Лъэпкъым и зыгъэкъэбзэкIэ хьэлым абы теухуауэ куэд къыбжеIэ. Дауэ мыбыхэм зэрызатхьэщIыр, я щыгъынхэр зэрызэрахьэр, я унэхэр зэрызэлъыIуахыр? Апхуэдэ упщIэхэм я жэуапырщ япэу хамэм Iуплъэм къилъыхъуэр. Сыт хуэдизу щIэныгъэкIэ лъагэу дэмыIэбеями, КъуэкIыпIэм елъытауэ, а лъэныкъуэмкIэ Европэр дыгъуасэ кIыфIыгъэм къыхэбэкъукIа къудейщ. 

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр зыгъэбыдэхэр

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм литературэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, чуваш лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ «Нарспи» чуваш лъэпкъ щэнхабзэ центрым и жэрдэмкIэ. Абы ирагъэблэгъащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлип, Чуваш Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, уэрэд зыбжанэм я псалъэхэр зей, публицист, зэдзэкIакIуэ, литературэ саугъэт зыбжанэм я лауреат Тургаев Валерийрэ абы и ныбжьэгъу Зайцев Александррэ, ди щIыналъэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я унафэщIхэр.

Ди лъэпкъыцIэр зезыхьэ инджылыз щхьэцщыхуэ

XIX лIэщIыгъуэм инджылызхэм утыку ирахьэ сэхусэплъхэм, щхьэцылэхэм, къинэмыщIхэм «адыгэ пщащэ», «адыгэ бзылъхугъэ» цIэхэр фI

Адыгэшым деж щыщIэдзауэ Бейбарс деж щыщIэкIыжу

Адыгэм и цIэр къэрал куэдым щигъэIурэ, гурэ псэкIэ къызыхэкIа лъэпкъым хуэлажьэу диIэ мащIэм ящыщщ кинорежиссер, сценарист, композитор, продюсер, тхакIуэ Къандур Мухьэдин.

Щэбэтыкъуэхэ я щIэблэ

Ди газетым дыщытетхыхьауэ щытащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, балеринэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ. «Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ» жыхуиIэращ адыгэми, и гугъу тщIыну чэзур къылъысащ Юлианэ и IэщIагъэр къыхэзыхыжа ипхъу Изабеллэ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ