Щэнхабзэ

Къанщауэ и гъуэгуанэ

Илъэс 20-кIэ Соттаев (Щомахуэ) Къанщауэ Хьэждаут и къуэр къыщыфащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, ауэ а гъуэгуанэ дахэм ипэкIэ абы гугъуехь мымащIи къызэринэкIын хуей хъуащ, Щомахуэ унэцIэр абы къыщIыдэгъуэгурыкIуами щхьэусыгъуэ иIащ.

Лъэпкъым хуэлэжьащ

Адыгэ литературэм и тхыдэм и гугъу щыпщIкIэ, псом япэу зи цIэ къиIуапхъэхэм ящыщщ тхыдэдж щIэныгъэлI, тхакIуэ гъуэзэджэ Хъан-Джэрий. Лъэпкъ щэнхабзэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэм теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэр.

Гуапагъэ зылэжьхэр

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ ЦокIыл Азэмэт Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 20-м щитащ «От сердца к сердцу» концертыр. Зэхыхьэ гуапэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, «Пэрытхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, «Ресурсный центр развития волонтёрства» IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу. 

ЗэфIэкI зиIэ щIалэ

Уэрэд жыIэныр IэщIагъэ зыхуэхъуа Емызэгъ Руслан Алътуд къуажэм щыщщ. Курыт еджапIэмрэ Музыкэ школымрэ зэдэзыхьа щIалэм ахэр къыщиух илъэсым (2013 гъэм) «Щэнхабзэ» унэтIыныгъэмкIэ «Илъэсым и еджакIуэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщат. 
И макъым япэ дыдэу Даур Иринэ иригъэдаIуэри, Руслан тегушхуэпащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр курсым щIэтIысхьэну. ИлъэситIым къриубыдэу и къэухьым хигъэхъуа нэужь, Емызэгъыр 2015 гъэм Бэгъуэтыж Светланэ и нэIэм щIэт курсым хэхуащ.

IэщIагъэм хуэIэижь режиссёр

КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Дэбагъуэ Роман Къэралбий и къуэм и ныбжьыр илъэс 60 ирикъуащ. 

И лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэт

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ РСФСР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Хэку зауэшхуэм хэта Скориков Юрий (1924-1994) къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Памяти мастера» фIащауэ ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэси 100, Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум я щIыхькIэ.

Гуащэмрэ нысэмрэ

Адыгэм иригъэкIуэкI дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри дауэдапщэри лъэпкъ хабзэ дахэм тету къызэрегъэпэщ. Сабийр дунейм къыщытехьам деж щрагъажьэри, абы епхауэ къыдах сыт хуэдэ Iуэхури Iэтауэ ирагъэкIуэкI. Апхуэдэ хабзэ дахэрщ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуар, и пщIэр зыIэтар. Нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэ, гуащэрэ-нысэрэ я зэбгъэдэтыкIэ, гуп хэтыкIэ… куэд мэхъу хабзэм къызэщIиубыдэр. Ахэр псори къыщызэщIэкъуэжащ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым. Абы щыщ зы теплъэгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.

Лирик нэсым и лъэужь

ЗэфIэкI дэгъуэ къигъэлъагъуэу илъэс­ зыбжанэкIэ лъэпкъ литературэм хэлэжьыхьащ Гъубжокъуэ Лиуан. Езы усакIуэм и лэжьы­гъэм,­ абы и тхылъ щхьэхуэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд я Iэдакъэм къы­щIэ­кIащ ди адыгэ тхакIуэхэм ящыщ зыбжанэм. Апхуэдэхэщ Къагъырмэс Борис, Тхьэгъэзит Зубер, ЩоджэнцIы­кIу Iэдэм, Мысачэ Пётр, Бицу Анатолэ, Гъут Iэ­дэм, Сокъур Мусэрбий сы­мэ, нэгъуэщI­хэми я тхыгъэ купщIа­фIэ­хэр. Абы и творчествэм тхыгъэ щхьэхуэ триухуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Ержыб Аслъэни.

Ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ

 Сэтэней нартхэр зэреджэр гуащэщ: Сэтэней гуащэ. Сэтэней гуащэ, гуащэхэм я лей - куэдрэ къыхохуэ нарт хъыбархэм. Сэтэней и пщIэр зэрылъагэм, абы пащI зэрыщымыIэм и щыхьэтщ ар. «Сэ нарт шу сыпащI», – жеIэ езы Сэтэней, нартхэм я пащхьэ щиIэ пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ и напщIэм телъщ, абы ирогушхуэри. Нартхэм я лъэхъэнэми, иужькIи «гуащэ» псалъэм «пашэ» мыхьэнэ иIащ.

Пшынауэ щIалэхэр нэхъыбэ?!

«Пшынэ еуэну псори зыщыгугъар си шыпхъурат, абы и Iэпэхэр а Iэмэпсымэм хуэщIауэ къалъытэрт. АрщхьэкIэ ар къэзыщтар сэращ, - жеIэ бзылъхугъэм. - Пшынэм къиIукI макъым сызэрыдихьэхым гу лъызытар ди гъунэгъуу псэу цIыхубзрат, абы си адэ-анэм къажриIауэ щытащ а макъамэ Iэмэпсымэм щыхуагъасэ еджапIэм сратыну…»

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ