Щамил Iимамыр Къэбэрдейм къызэрыкIуам урыс дзэзешэхэри тхыдэтххэри убгъуауэ тепсэлъыхьыжащ. Абы зекIуэр къемыхъулIауэ, къэбэрдейхэр, дагъыстэнхэмрэ Шэшэнхэмрэ елъытауэ, диным нэхъ зэрыхуэгущIыIэм къыхэкIыу, и къыхуеджэныгъэр жэуапыншэу къэна хуэдэу щыжаIэ тхыгъэхэр емызэшу къратхыкIыж пэтми, шэч къамыгъанэу щыткъым.