Тхыдэ

Адыгэхэм Ащтырхъан зэрахъумар

Ащтырхъан университетым и щIэныгъэрылажьэ Канатьевэ Наталье «Журнал фронтирных исследований» къыдэкIыгъуэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ къытрыригъэдзащ Черкасский Къасболэт Муцал и къуэм урыс пащтыхьыгъуэр зэригъэпэжам теухуа къэхутэныгъэ. 
Нобэ зыми шэч къытрихьэжыркъым Урысейм къулыкъу щезыхьэкIа Черкасскэхэр къэбэрдей адыгэу зэрыщытам. Ауэ утыку илъ хъыбар нэхъ хэIущIыIухэм дыщыгъуазэ щхьэкIэ, махуэ къэс къамыIэтыж тхыдэ къуэгъэнапIэхэм мы унэцIэр зезыхьахэм ятеухуа гъэщIэгъуэнхэр къыщыщIощ. 

Щэхъурадж и «Щыблэныкъуэ»

Адыгэ Республикэм къуэкIыпIэмкIэ узэрихьэу, япэу узыIущIэ къуажэхэм ящыщщ Куэшхьэблэр. Абы ипщэкIэ къедза жылэ нэхъ цIыкIущ Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) жыхуаIэр. Абы и къэунэхукIэ хъуам ехьэлIауэ лъахэджхэм ятхыжам мащIэу дытепсэлъыхьынщ. КъуажитIым я зэхуаку километр 11,6-рэ дэлъщ. ТIури ящыщщ мы Iэхэлъахэм къэбэрдей адыгэхэм къыщызэрагъэпэщауэ щытахэм. 
Блашэпсынэр Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм пхрыж Щэхъурадж псы цIыкIум и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Iусщ. 

Туризмэм трагъащIэ

 КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий яIущIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ дирекцэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Кабановэ Дарье, РГО-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и ЩIалэгъуалэ центрым и унафэщI Мокаев Тенгиз, КъегъэлакIуэхэм я Урысей зэгухьэныгъэм хэт Наурзокъуэ Назир сымэ.

Бзыч, Бзыгу псыхъуэхэр аптIэхъуэ щIыналъэт

Адыгэхэм ди Хэкужьым и зы Iыхьэщ Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэр. Ар зыгъэбжыфIэ псышхуэхэм «Шахэ» зи фIэщыгъэри халъытэр. И жапIэр зэрыщыту къэтщтэнщи, ар хы ФIыцIэм щыхэхуэж и нэпкъым деж къыщыщIэбдзэрэ бгыщхьэхэмкIэ удэкIуэтеймэ, зэпэгъунэгъу къуэпситIу Бзычрэ Бзыгурэ жыхуаIэхэр езыхэм нэхърэ нэхъ иным щыхэкIуэсэж щIыпIэм унэсыху къызэбнэкI псыхъуэ-ныджэр убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыгу-хэгъэгум я зэпылъыпIэу щытащ. 
Мы тхыгъэм нэхъыбэу зи гугъу щытщIыну Бзыч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Шахэ щыхэхуэжыр хы ФIыцIэм зэрыпыIухар километр 30-щ. 

Гугъэ дахэхэр дагъэщI

Уахэм жыжьащэу ит вагъуэхэр цIыхухэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадокIуэкI псэр дэзыхьэхрэ нэри пэри зыгъэгуфIэу щыIэ псоми я нэхъ телъыджэхэм ящыщ зыуэ. 
Зэман блэкIахэм дунейм тета цIыхухэм ахэр къызэрабжу щытар бгым и нэхъ папцIапIэм удэкIуеямэ, уи Iэр хуэпший къудеймэ, улъэIэсыфыным хуэдэут. 
АтIэми, лIакъуэкIэрэ цIыхухэм я зэхэщIыкIым зихъуэжу, ди планетэми ар зыхэсыхь хьэршми ехьэлIа щIэныгъэми зыщиужьым, уэгум хуэфIу къиувэ «цIуугъэнэхэр» тынш цIыкIуу узылъэIэсыфын зэщIэблэ «уэздыгъэу» зэрыщымытыр щIэныгъэрылажьэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми нэхъри зыхащIащ. 

Щхьэгуащэрэ КIыщейрэ домбей тIысыпIэт

Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ хэлъэдэж МэлкIапэ псы бгъунжым и къуэ зэвым «домбейхэм я тэхъуанэ» цIэри теIукIат, «домбейхэм я пщыгъуэкIи» еджэрт, псэущхьэ гъэщIэгъуэныщэу зи гугъу тщIыхэр а псыхъуэм куэдыкIейуэ зэрыдэсыгъам къыхэкIыу. 

Зоологхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абдежымрэ абы къедза и Iэхэлъахэмрэ «Кавказ мэзкъуэды» зыфIащу къыщагъэунэхуа мэзгъэфIэнышхуэм и закъуэ, адыгэхэр а щIыпIэм щиса лъэхъэнэр къэтщтэнщи, домбейуэ минитIым нэблагъэ щыпсэугъащ.

БлэкIам сриплъэжмэ...

ХамэщIыр зи натIэ хъуахэм ящыщт Къущхьэ Орхьан. Къыщыхъуа щIыпIэм, абы щекIуэкIа хабзэхэм, и сабиигъуэм теухуауэ абы итхыжауэ щыта гукъэкIыжым фыщыдогъэгъуазэ.
1.
Сыту щIыналъэ дахэ ди адыгэ Хэкур! Жыгрэ удз гъэгъарэщ сыкъэзыухъуреихьыр. Жыг хадэм ит тетIысхьэпIэхэм ящыщ зым сытесу си нэгу къыщIохьэж сыщалъхуа щIыпIэр...

Шэрджэс

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Ахэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс I837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр. 
Къыпыдощэ а тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэхэм, зэрыжытIащи, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ. 

Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс миниплI

       Налшык дэс псоми фIыуэ яцIыху нобэ «ЩIалэгъуалэм я унэ» цIэр зезыхьэ ухуэныгъэр.  Зэман зыбжанэ ипэкIэ ар «Профсоюзхэм я уардэунэу» щытащ, абы ипэжкIэ – «УхуакIуэхэм  я уардэунэ» цIэр зэрихьащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар щаухуа I965-I966 гъэхэм ди щIыналъэм и тхыдэм епха напэкIуэцI гъэщIэгъуэн къызэIуахауэ къыщIэкIащ. 

Шэрджэс

 ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэд зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Абыхэм ящыщщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр. 
Щыгъуазэ фыдощI а тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэм, зэрыжытIащи, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ