|
Тхыдэ
20 февраля, 2023 - 08:02
Лъэпкъ жыгыр зэфIэбгъэувэжыным нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр абы и щIэдзапIэр къэгъуэтынырщ. Къардэнхэ къатщтэмэ, ар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм ущрихьэлIэнущ Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэми хамэ къэрал зыбжанэми.
Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, жылагъуэ 59-м дэсщ. УнэцIэр зезыхьэхэм ящыщ языныкъуэхэм жаIэу зэхыбох ахэр псори благъагъэкIэ зэбгъэдэмыхьэу, арщхьэкIэ ар пэжкъым икIи сэбэп хъунт абыхэм архив дэфтэрхэм, лъэпкъыр къызыхэкIар къэзыгъэлъагъуэ тхылъымпIэхэм зыщагъэгъуэзамэ.
17 февраля, 2023 - 08:18
«Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ», жеIэ псалъэжьым. ИгъащIэ лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хабзэ дахэхэм я хъыбарыфIхэмкIэ цIэрыIуэщ ди лъэпкъыр. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм зыгуэр тIысынуи, тэджынуи, хъуэхъу жиIэнуи хуиттэкъым.
17 февраля, 2023 - 08:15
ВЦИОМ-м (Жылагъуэм я Iуэху еплъыкIэхэр зэгъэщIэнымкIэ урысейпсо центр) къызэритхымкIэ, 2022 гъэми ди къэралыр зэрыгушхуэу, абы и дамыгъэу къэнэжащ усакIуэ Пушкин Александррэ япэ урыс император Петр Езанэмрэ. А тIум цIэрыIуагъкIэ зы процент закъуэ я зэхуакуу аращ. ЗыкъомкIэ къакIэрыхуу абыхэм якIэлъокIуэ Сталин Иосиф, Ломоносов Михаил, Ленин Владимир, Толстой Лев, Достоевский Федор, Менделеев Дмитрий сымэ, нэгъуэщIхэри.
15 февраля, 2023 - 12:47
ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Нэрылъагъу (материальнэ) щэнхабзэм и тхыдэмкIэ и институтым иджыблагъэ хъыбар гъэщIэгъуэн зэбгригъэхащ. Ар ехьэлIащ Санкт-Петербург щыщ археологхэм домбеякъ лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыхухэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ укъызэмыджэжыф хъуа тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет мывэ джафэ хъуреймрэ зыщIэлъ испы-унэ телъыджэ КъухьэпIэ Кавказым къызэрыщагъуэтам.
14 февраля, 2023 - 12:23
Сыжажэ Чэзим Темыркъан и къуэр хъыбарыншэу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм хабжэу къекIуэкIащ. 1906 гъэм Тэрч областым и Налшык округым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей I (Зеикъуэ къуажэм) къыщалъхуащ ар. Колхозым ухуакIуэу щылажьэу, унагъуи иIэу, 1941 гъэм дзэм Плираджэри, щIадзауэ зэхуашэс 115-нэ шуудзэм хагъэхьащ.
14 февраля, 2023 - 11:30
Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ япэ дыдэу Мэзкуу щыкIуар 1561 гъэрщ, мэкъуауэгъуэм и 15-рщ, тхьэмахуэ махуэу. Зытета гъуэгуанэ кIыхьым цIыхубзым и къарур щIихат, иригъэзэшати, Урысеижьым и къалащхьэм къыщысам гукъыдэж зыхуиIэ щыIэжтэкъым. Гуащэнэрэ абы щIыгъу и Iыхьлыхэмрэ Кремлым пэмыжыжьэу щыпсэу Вишняковхэ яхуеблэгъащ.
14 февраля, 2023 - 09:51
Иджырей щIалэгъуалэм ящыщ куэдым къыбжаIэфынукъым ЛУГ-р зищIысыр. Ауэ абы теухуа тхылъ, дэфтэр, сурэт куэд къытхуэнащ, лIэщIыгъуэм иджырей щIэблэм зрагъэцIыхуну хуеймэ. Ауэ а псоми хуэмейуэ «Интернет»-м хъыбар къыщызылъыхъуэу еса щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я фIэщ хъуну пIэрэ Кавказ Ищхъэрэм щIэныгъэ щызэгъэгъуэтыныр гугъу дыдэу зэрыщызэфIэувар? Абы папщIэ Iэмал зыри щымыIэу щытауэ жыпIэ хъунут а зэманым.
14 февраля, 2023 - 08:47
Ди IуэрыIуатэми тхыдэми къызэрыхэщыжщи, адыгэр зауэ-банэ, гугъуехь куэдым къыпхрыкIащ. Тэтэрхэр, нэгъуейхэр, кърымыдзэхэр, нэгъуэщIхэри увыIэгъуэ ямыIэу адыгэхэм къатеуэрт, яхъунщIэрт, цIыхукIи мылъкукIи хэщIыныгъэшхуэ къыхуахьу. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхыдэм увыпIэшхуэ щиIыгъщ I708 гъэм екIуэкIа Къэбэрдей-Кърым зауэм.
13 февраля, 2023 - 15:00
Дунейр къызэриухуэрэ къэхъукъащIэхэр мащIэкъым. Ахэр цIыху гъащIэм хэмыкIыу къыдекIуэкI Iуэхущ. АрщхьэкIэ языныкъуэхэр зи Iэужьыр езы цIыхуращ, абы и нэпсеягъэрщ. Щапхъэхэр мащIэкъым.
Ла-Манш псы дэжыпIэр щIыпIэ къуейщIейщ. Мыбы толькъунхэр куэдрэ къыщоукъубий. Псом хуэмыдэу хэлъафэри щIыдагъэ зышэ кхъухьышхуэхэрщ. Апхуэдэ насыпыншагъэхэм я лъэужьхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, гъэкIуэдыжыгъуейщ.
9 февраля, 2023 - 12:00
Япэ гулъэф (рельс) гъуэгуу къалъытэ «Диолк»-р, ди эрэм ипэкIэ VI лIэщIыгъуэм гухэр къыщралъэфэкIыу щытар. Ар мывэ сэхум дэтIыкIат. ИужькIэ зэралъэф гъуэгухэр Европэм къыщыунэхуащ. Пхъэм къыхэщIыкIа гулъэф гъуэгухэр куэду щыIэт шахтэхэм я деж. Абдеж къыщыщIах мывэ лIэужьыгъуэхэр кхъухьыр здэщыIэм нагъэсырт абыхэмкIэ.
Иджырей гъущI гъуэгум и тхыдэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, индустрием щаубла зэхъуэкIыныгъэхэм я деж, къыщожьэ.
Страницы
|