Тхыдэ

ЛIэужьхэм я лъэужь

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iут Сочэ къалэм хиубыдэ Лоо (Лоу) жылэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыным и тхыдэр зыджхэр хуабжьу зыщыгуфIыкIа щIэин телъыджэ. 

Адыгэшым и дуней телъыджэр

Наужьыдзэ Iуащхьэм километрищкIэ нэхъ ищхъэрэIуэу щыIэщ Инал Iуащ­хьэр.

Къуэшыкхъи ущрохьэлIэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Лазаревск къалэ цIыкIум, ПсыфIыпэкIэ зэджэу щытам, къедза къуажэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къатIэщIыжащ тхыдэ щIэныгъэм ирилажьэхэр зэIусэну иджыри къыздэсым зыхунэмыса кхъащхьэ Iуащхьэ пщIы бжыгъэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хы псыIум къедза Iэхэлъахэм ижькIэрэ исыгъа адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным я щIэинщ.

Щхъухьыр -Iэщэу

1933 гъэм археолог Робер ду Меснил ду Бьюссон Щам и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Евфрат и Iуфэм щыIэ Дура - Европос пасэрей къалэ-быдапIэжьым и къутахуэхэр къитIэщIыжащ. 256 гъэм а урым быдапIэжьыр Сасанид къэжэрыдзэм иубыдауэ щытащ. ЛъыхъуакIуэхэм къатIэщIыжащ быдапIэм и блынхэм хуэкIуэ пхыкIыпIэр. Абдежым къыщагъуэтащ къупщхьэлъапщхьэ 19. Дзэ хуэIухуэщIэ къагъуэтахэм тращIыхьри, ахэр урым зауэлIхэм я къупщхьэлъапщхьэу хуагъэфэщащ. Абыхэм япэмыжыжьэу щылът аргуэру зы зауэлIым и къупщхьэхэр. Абы щIыгъут къэжэр жыр пыIэрэ (шлем) джатэрэ.

Карл V - м и пащтыхь башыр

Париж дэт «Лувр» музей цIэрыIуэр быдапIэущ къызэрыунэхуауэ щытар. Франджым и пащтыхь Август Филлип II- м и унафэкIэ яухуауэ щытащ Ситэ хытIыгум и бгъэдыхьэпIэхэр зыхъумэн хуей быдапIэр. А щIыпIэр Парижым и курыкупсэт абы щыгъуэ. Музейм и фIэщыгъэр къыхэкIащ а щIыпIэм дыгъужьыр щыкуэду зэрыщытам. «Лувение» жиIэмэ, «дыгъужьыр щыкуэд» къокI.

Гуащэ хъун хуейуэ дунейм къытехьат…

1560 гъэм пащтыхь гуащэ Анастасие, Грозный Иван и щхьэгъусэр, дунейм йохыж. Мыгувэу, тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIауэ, пащтыхьым мурад ищIащ етIуанэу къишэжыну. Лъыхъухэр зэбграгъэкIащ: Польшэм, Швецием, КъухьэпIэ Кавказым.
А зэманым Хэкум щаIуатэрт Къэбэрдеипщым ипхъу нэхъыщIэ цIыкIум и дахагъэмрэ Iущагъымрэ теухуа хъыбархэр.

Уэсмэн сулътIанхэм къащIэна хъугъуэфIыгъуэхэр

Истамбыл и тхыдэ центрым щIыгъуу, Топкапы уардэунэ-музейр нобэ хабжэ дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм я фэеплъу къалъытахэм икIи ЮНЕСКО-м ехъумэ. Тыркум и музей цIэрыIуэм илъэсым къриубыдэу цIыху мелуанрэ ныкъуэм щIигъум зыщаплъыхь.
1453 гъэм накъыгъэм и 29-м Европэмрэ Азиемрэ я псэукIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ. Тырку сулътIан Мехмед II-р шы хужьым тесу, мазэ ныкъуэрэ вагъуэрэ зытет нып плъыжьыр иIыгъыу дыхьащ къизэуа Константинополь. Абы и унафэм щIэт зауэлIхэм ар «Фатих!» жаIэурэ ирагъэблэгъащ.

Налшык быдапIэм и къежьапIэр

Тхыдэм къызэриIуатэмкIэ, Налшык быдапIэр 1818-1822 гъэхэм яухуауэ щытащ, генерал Ермоловым и унафэкIэ. Налшыкыпс Iуфэм щаухуа быдапIэр илъэс 15-м къриубыдэу жылэшхуэ хъуат икIи 1860 гъэм ирихьэлIэу абы уэрам зыбжанэ иIэт.
Дауи, зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм дэкIуэдыжащ а быдапIэм и мывэ блынхэр. Ауэ нобэр къыздэсым, лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъу щытщ Налшык быдапIэм и зы блын Iыхьэ. Ар къалъащхьэм и Къэбэрдей-Пятигорск уэрамхэм я зэпылъыпIэм тетщ, метр I,5-рэ и бгъуагъыу.

Босфорианэ Махидевран

ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. ГъэрыпIэ ихуарэ, щхьэхуимыт бэзэрым къыщащэхуа пщащэхэр тырку сулътIаным и хьэрэмым къызэрыщыхутэу щытам я закъуэ мыхъуу, зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыщIагъэбыдэ Iэмалу уэсмэн сулътIаным адыгэ пщащэхэр щхьэгъусэу щишам и щапхъэ куэд къыхощыж ди блэкIам. 

Адыгэхэм я Iэщэмрэ я зэуэкIэ хабзэхэмрэ

Мэрзей Аслъэнбэч и IэдакъэщIэкIыу «Адыгэхэм я зэуэкIэ хабзэр къызэрыунэхуамрэ зэрызиужьамрэ» тхылъыр къызэрыдэкIрэ илъэсым щIигъуащ. А лэжьыгъэ къызэрымыкIуэр дунейм къызэрытехьам иджыри емыджахэр нэгъунэ щыгуфIыкIащ жытIэмэ, къытпэрыуэн дыхуэзэну ди фIэщ хъуркъым.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ