Тхыдэ

Уэркъ ипкъ кIуэдыркъым

Генерал-майор Анзор Хьэту къызэралъхурэ илъэс 220-рэ ирокъу
Генерал-майор Анзор Хьэту и гъащIэм теухуауэ адыгэ IуэрыIуатэм хъыбар куэд къыхощ. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым: цIыху цIэрыIуэм хъыбар куэд теIукI хабзэщ. Мы лIы щэджащэм къызыхэкIа лъэпкъым хуэфэщэн гъуэгуанэ къызэринэкIащ.

Тхыдэм ухагъэплъэж

Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым тхыдэ иIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ, абыхэм я щIэныгъэм зиужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкIа цIыху гъуэзэджэщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» тхылъыр хъугъуэфIыгъуэшхуэщ. Лъэпкъым и блэкIам ухэзыгъэплъэж Iуэтэж, хъыбар гъэщIэгъуэн куэд щызэхуихьэсыжащ абы узэщIакIуэм. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ.

Е ушейтIанкъым, е ущэрмэткъым

Мастэ хьэлыуэ

Хабзэ дахэ куэд хэлъащ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, иджы къамыгъэсэбэпыжу. Абыхэм ящыщщ мастэ хьэлыуэр. Нысаши, гушыIи, унэиши, щауэ ишэжи - псори зэфIэкIа нэужь, нысащIэр ягъэдэну, ягъэбзэну щIадзэрт. Абы щыгъуэм зыхуэфащэ хъыджэбзхэр къакlуэрт, ныса­щIэр дэным хуит хуащIын щхьэкIэ.

Я нэхъ мащIэми зрегъэкъу

Гъуэгу щытеувэкIэ адыгэхэм зэи гъуэмылэ куэд здрахьэжьэртэкъым, сыту жыпIэмэ, унэм щисым деж я нэхъ мащIэ дыдэми зрагъэкъуу есахэти. «Зыгуэрым теуэн мурадкIэ адыгэр щежьэкIэ, фэм къыхэщIыкIа хъуржын цIыкIум илъу абы къыздещтэ ху хьэжыгъэ тIэкIурэ мэлыл гъэгъуа IыхьитIщырэ, - етх Бларамберг И. - А гъуэмылэр абы хурикъунущ тхьэмахуитI-щыкIэ. Псалъэм папщIэ, урыс сэлэтым апхуэдиз ети, махуищ нэхъыбэ хурикъунукъым».

Лъэпкъ тхыбзэм и къежьапIэр

Урыс-кавказ зауэр щекIуэкI илъэс псэзэпылъхьэпIэхэм лъэпкъым и щ1эныгъэ гъуэгур пхызыш япэ лъэбакъуэхэр ичу щIидзащ. ТегъэщIапIэ, хэкIыпIэ пыухыкIахэр имыIэу ар зэрымыщIэкIэ е нэгъуэщI лъэпкъхэм я жэрдэмрэ дэIэпыкъуныгъэ къудейкIэ къежьакъым. Ар зи фIыщIэр езы адыгэ лъэпкъым игъуэта зыужьыныгъэр, къызэрызэщыуар, зэрылъэпкъыр, адрейхэм зэрахуэдэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, пылъ фIыгъуэр къызэрыгурыIуар арауэ къелъытэ профессор ХьэкIуащэ Андрей.

ПцIым зэманыр гугъусыгъу ещI

Мамлюк сулътIан Къаитбей и зэманым емынэ узым зиубгъуауэ щытащ, цIыхушхуэ илIыкIыу. Жэщ гуэрым ЛIыкIуэ лъапIэу Алыхьталэм и фIэхъусымрэ хъуэхъумрэ зытIеIуар зыгуэрым пщIыхьэпIэу къыхуэкIуэри, мыпхуэдэу къыжриIащ: «Куэд дэмыкIыу, емынэ узыр къыфтеуэнущ. МахуиблкIэ зэкIэлъыпыту нэщI фIыгъыну цIыхухэм си чэнджэщ ялъэбгъэIэсыну къалэн пщызощI».

Къулыкъум узэIигъэхьэрэ?

 Мэлбахъуэ Тимборэ илъэси I05-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къыдогъэкIыж «Мэлбахъуэм и блокнотхэр» зыфIаща тхылъым щыщ пычыгъуэхэр. 
Ещанэ Iыхьэ.
*  *  *

ПсэщIэ къащыхыхьэжи щыIэщ

Кавказым хы ФыцIэмкIэ гъэза и Iуфэм, нэхъ пыухыкIауэ къыжытIэмэ,  Сочэ къалэм и Iэхэлъахэм щызекIуэ щIыпIэцIэхэм я зэхэухуэнэкIэр телъыджэщ. ФIэщыгъэхэм я нэхъыбэр зэблагъэ пэтми, бзэ зэтемыхуэхэм къахэкIа псалъэпкъхэмкIэ зэрызэхэшыпсыхьари нэрылъагъущ.  

ФIы псори фIыщIэм деж къыщожьэ

 Зи цIэр Кавказым щхьэдэIукIа щIэныгъэлIышхуэ Хьилми Хьэсэн 1892 гъэм Дагъыстэным щыщ Кахиб къуажэм къыщалъхуащ, лъэпкъкIэ аварщ. 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м илъэс 90 зи ныбжь щIэныгъэлIышхуэр укIыпIэм ирашэри, псэ хейуэ дунейм ехыжауэ щытащ. Дунейм тетыхукIэ тхылъ 12 и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлIым. Зи пычыгъуэ фи пащхьэ къитхьэри абыхэм я зым къыхэтхащ. 
 Алыхьталэм Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм «Фатихьэ» сурэр къыхуригъэха нэужь, Iиблис зэщыджэу гъащ, жи. И бынхэр ихъуреягъкIэ къеувэкIри, къеупщIын щIадзащ ямылъагъужыным: «Сыт ущIэгъыр, ди адэ?» 

МуIэед и мэжджытыр

 Къаир къалэм дэт «МуIэед и мэжджытыр» Баб Зууэйлэ куэбжэм къыбгъэдэтщ. А зэманым яухуэ муслъымэн тхьэелъэIупIэхэм ещхьу, абы хэтт мэсхьэбиплIым щыхурагъаджэ мыдрисэрэ джумхьэ нэмэз щащIын мэжджытрэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ