Тхыдэ

Хэкужьым и гъуэгужьхэр

Анапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэнэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ.

Унафэ щIыным къикIыр

Мэлбахъуэ Тимборэ илъэси 105-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къыдогъэкIыж «Мэлбахъуэм и блокнотхэр» зыфIаща тхылъым щыщ пычыгъуэхэр. И IэнатIэм пэрытыху, лIыщхьэм гу зылъитахэм, цIыхухэм ядилъэгъуахэм зыхуаша гупсысэхэрщ абы щызэхуэхьэсар. 

Тхыдэр щыхьэт зытехъуэ

Нэхъапэм ИорданщIыбкIэ зэджэу щытар Иордан псым къедза щIыпIэхэрщ. ФокIадэм  и 25-м британыдзэхэм, зауэ гуащIэ ирагъэкIуэкIри, Амман яубыдащ. А махуэ дыдэм адыгэ тхьэмадэхэмрэ офицерхэмрэ зэхуэзащ. Тхьэмадэхэм жаIащ Амман тыркудзэхэр зэрыдэмысыжыр икIи зэгурыIуащ мамыру псэу адыгэхэм я гугъу ямыщIыну.

ЩIэныгъэлI Къущхьэбий Анзор и лэжьыгъэм къызэрыхэщымкIэ, иорданщIыбыр инджылызыдзэхэм яубыда нэужь, абыхэм къызэрагъэпэщащ британ кIэлъыплъыныгъэм щIэт автономнэ щIыпIэхэр: Аммани Джэраши дагъэтIысхьащ инджылыз чэнджэщэгъухэр. Ауэ унафэр зыIэщIэлъыр езы щIыпIэм щыщ тхьэмадэхэр арат.

Гъуазджэ лъагэ гъуэтыгъуейхэм хуэдэщ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым къикIуа гъуэгуанэ дахэм псори щыгъуазэщ. ГъэщIэгъуэныщэщ гупыр хамэхэм къазэрыщыхъуу щытар. Абы щыхьэт тохъуэ здэщыIа къэралхэм я газет-журналхэм къытрадза тхыгъэхэр. Абыхэм ящыщ зэддзэкIащи, ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
 «Либиан Мэйл» (Триполи):

Мэрзей Аслъэнбэч и лэжьыгъэщIэ

«Адыгэхэм я зауэлI щэнхабзэр къызэрежьамрэ зэрызиужьамрэ» - апхуэдэу зэбдзэкI хъуну къыщIэкIынщ урысыбзэкIэ «Генезис и эволюция традиционой военной культуры черкесов» тхылъым и фIэщыгъэр. 

Зэм шынагъуэт, зэм гуфIэгъуэт…

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, «ету» псалъэр пасэрей алыдж псалъэм къытехъукIащ, «мафIэм телъхьэн» жиIэу къокI. Пасэрей зэманым ету папщIэу къагъэсэбэпырт мывэ хьэлъэ упIэщIа. Мывэм щыгъын жьыщIа псыфхэр траубгъуэрти, и гущIыIуми апхуэдэ зы мывэ тралъхьэжырт. УшкIумпIа щIагъуэ имыIэу гъущыжауэ къытрахыжырт. 
Пасэрей Урымым щыпсэуахэм я щыгъынхэр яузэхурт гъущI уадэшхуэкIэ – ушкIумпIахэм уадэмкIэ зыкъомрэ еуэхэрт. Ди эрэм ипэкIэ 4-нэ лIэщIыгъуэм пасэрей алыджхэм я щыгъынхэр яузэхурт гъущIыч гъэплъакIэ. 

Идар Темрыкъуэ и хъыбар

Къэбэрдеипщ Идар Мэремщауэ и къуэ Темрыкъуэ лIыпIэ иува нэужь, лIыхъужьыгъэрэ гу хьэлэлкIэ лIыгъэ зэрихьэн фIэкIа зэгупсыс зыри щыIэтэкъым. И къуэш нэхъыжь КIэмыргъуокъуэмрэ старшынахэмрэ я унафэм щIэту иджы мамыру псэу адыгэ лъэпкъым япэм зауэкIэ яIыгъа щIыхьыр зэрызэфIигъэувэжынымрэ езым зауэм лIыгъэ щызэрихьэу и цIэp лIыхъужьыгъэкIэ зэригъэIунымрэ абы и псэр дихьэхырт. 

Псы хущхъуэхэмрэ ахэр къызэрызэIуахамрэ

Урысхэм  «Железная» зыфIаща   бгым  пэгъунэгъу  псы  хущхъуэхэм  я  гугъу  урысхэм   япэу  яхуэзыщIар  нэ  дохутыр  цIэрыIуэ  Гааз  Фридрихщ.  Езым и  пэ  абыхэм  ятетхыхьа  Паллас  Пётр  зытепсэлъыхьа   псыхэр  къилъыхъуэу,  офицерхэми  дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ  къекIуэкIащ  Гааз  зыкъомрэ.  Щэнейрэ  Шотландием къикIа  чыристан  духьэшыхэм    я  псэупIэ  Каррас къыщежьэурэ,  Бещто  лъэныкъуэкIэ  щылъыхъуащ, ауэ  игъуэтакъым. 

Телевиденэ щхъуэкIэплъыкIэм и къежьапIэр

1967 гъэм и жэпуэгъуэм Совет Союзымрэ Франджымрэ щекIуэкI гъащIэм къыхыхьауэ щытащ щхъуэкIэплъыкIэу къэзыгъэлъагъуэ телевиденэр. Жэпуэгъуэм и 1-м франджыхэр еплъащ Совет къэралым и лIыкIуэу а щIыпIэм щыIэ Зориным и къэпсэлъэныгъэм. Ар теухуат совет властыр къызэрыунэхурэ илъэс 50 зэрырикъум. Апхуэдэ дыдэу совет телевизореплъхэм щхъуэкIэплъыкIэу ялъэгъуащ франджы лIыкIуэр ди къэралым къызэрыщыпсалъэр. Мис апхуэдэу зэфIэкIауэ щытащ къулыкъущIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ илъэс куэдкIэ зэлэжьа совет-франджы проектыр.

IущагъкIэ ефIэкIырт

Тхыдэтххэм къалъытащ Пащтыхь Къэтбей (1467 - 1495) адрей пащтыхьхэм губзыгъагъкIэ, IущагъкIэ яфIэкIыу зэрыщытар. Ар егъэлеиныгъэ хэмылъу, динщIэкъут. И ныбжьыр илъэс 60 ирикъуауэ пащтыхь хъуащ, щытеувам щыгъуэ къэралыр зэхэзэрыхьат, ахъшэ хъумапIэхэр нэщIти, ахэр псори ипIэ иригъэувэжри, цIыхубэм загъэпсэхужащ. Къалмыкъ Аднан зэритхыжымкIэ, ар щыткIиинум деж ткIийт, щыщабэнум дежи щабэт. Тхылъ куэду еджэрт. И бий нэгъунэ щIыхь яхуищIырт: пшыхьхэм, зэхуэсхэм къригъэблагъэрт, спорт зэхьэзэхуэхэм иригъэплъырт, хьэжыщI кIуэнур, дэIэпыкъурт.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ