|
Тхыдэ
15 октября, 2021 - 10:03
Узун-Яйлэм и уней IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ
Абазагъэ – псынщIагъэ, тэмакъкIэщIыгъэ. «Уи абазагъэр умыгъэлъагъуэ» жиIэмэ, зэпIэзэрыту щыт, екIуу цIыхум яхэт, губжьыр зытомыгъакIуэ, жыхуиIэщ.
14 октября, 2021 - 15:55
Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ
13 октября, 2021 - 09:30
Нобэ тхыдэм и напэкIуэцIхэм ди нэгу къыщIагъэхьэж дзэзешэ цIэрыIуэ, генерал Бэркъукъу Исмэхьил (1889 - 1954) хамэ щIыналъэм къыщыхъуа, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызэригъэгъуэта хэку етIуанэм и щIыхуэ зытемына адыгэ хэхэс лIыщхьэхэм язщ. Исмэхьил и адэ Алий къызыхэкIар Жэрыщтыхэщ. ЗэкъуэшиплIым щыщу тIур – Исуфрэ Алийрэ 1877 гъэм адэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуэри, Инусрэ Уэсмэнрэ хэкум къинауэ щытащ.
13 октября, 2021 - 09:00
Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ
11 октября, 2021 - 11:00
Вакъэ лъэдакъэр къызэрежьэрэ куэд дыдэ щIащ. Ар ялъыгъыу щытащ пасэрей Египетым и цIыхухэм, шумерхэм. И щIыкIэр ихъуэжурэ къекIуэкIащ, ауэ и мыхьэнэр къэнэжырт. Вакъэ лъэдакъэ лъагэр япэу лъызытIэгъа бзылъхугъэщ Медичи Екатеринэ. 1533 гъэм, илъэс 14-м иту, ар Франджым кIуат пащтыхьыкъуэ Валуа Генрих дэкIуэну. Абы щыгъуэ сантиметри 5 зи лъагагъ лъэдакъэ теуват.
7 октября, 2021 - 09:33
Адыгэм лей къылъысар имыгъэгъун щхьэкIэ и гъащIэр итыфынут.
Ар зэи тхьэусыхакIуэ кIуэнутэкъым, «лей къызихащи, унафэ хуэфщI, суд фщIэ» жиIэу.
4 октября, 2021 - 13:55
Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Лъахэхутэхэм ящыщу языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт „абнэ“ псалъэм къытехъукIащ.
4 октября, 2021 - 13:12
- Иджыпсту къэрал унафэщIым и докладыр зэIущIэм и пэ къихуэу зэдзэкIакIуэхэм иратыркъым зыхагъэгъуэзэн папщIэ, - жиIэжт Хрущев дэлэжьа зэдзэкIакIуэ Бреус Евгений.
30 сентября, 2021 - 05:45
Мы цIэр зезыхьэ жылэшхуэу къалэ теплъэ зиIэр Краснодар крайм и Мостовской районым итщ. Километр 12 и кIыхьагъми, абы хуиту зригъэзэгъащ Лабэ ЦIыкIу щежэх тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам деж.
Къуажэшхуэм фIащар, зэрынэрылъагъущи, адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэм къытехъукIащ, къызэрыдгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.
29 сентября, 2021 - 08:00
«Къалэхэм телъыджэу дэлъымрэ дунейм зыщыплъыхьыным гъуэзэджэу хэлъымрэ зи щIасэхэм папщIэ тыгъэ», - аращ и цIэр щIы хъурейм зыщиплъыхьу и нэгу щIэкIахэр къалэмкIэ къэзыIуэтэжа дунеяплъэ цIэрыIуэ Ибн БэтIутIэ и тхылъым.
Страницы
|