Тхыдэ

Адыгэхэм я махуэгъэпсыр

ХьэфIыцIэ Мусэбий 2002 гъэм итхауэ щыта зы тхыгъэ къытIэрыхьэжати, тфIэгъэщIэгъуэн ар хъуащ. Абы зи гугъу щищIыр академики профессори зыхэмыта адыгэ мэкъумэшыщIэхэм илъэсым и пIалъиплIми, и дэтхэнэ мазэми, дунейм и къэхъукъащIэхэр блэкIа зэманым и дерсхэмкIэ, нэщэнэхэмкIэ, гъэм и сыт хуэдэ лэжьыгъэми, Iуэхугъуэми акъыл хэлъу, IэкIуэлъакIуэу бгъэдыхьэфу, ягъэзэщIэфу зэрыщытарщ. А Iущыгъэхэр абы къыхихыжат ди япэ итахэм къаIуэтэжахэм, я нэгу щIэкIауэ жаIэжахэм.

Щыуагъэм и зэранкIэ

ПщылIыр пасэу Урысейм щыIукI пэтащ. Абы IэмалыфI къыхукъуэкIат зыужьыныгъэ тэмэмым и гъуэгум теувэну, ауэ апхуэдэхэм деж къызэрыхъу хабзэщи, псори напIэзыпIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ. зыпэмыплъам икъутэжащ.

Дэнэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэкIуар?

1945 гъэм щIышылэм и 2-м Порт-Артур щекIуэкIащ абы и япон гарнизоным и парад. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэлъэпIащ быдапIэр зэраIэрыхьэрэ илъэс 40 зэрырикъуар. Абы и комендант генерал Отэ зэхыхьэм кIыхьу къыщыпсэлъащ. КIэухыу жиIащ, сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъами, самурайхэм я закъуэкIэ мыр къащтэфыну зэрыщымытар: «Абы къыдэкIуэу генерал Ногэрэ урыс генерал Стессельрэ зэхэщIыкIрэ пэжыгъэрэ яку дэлъыни хуейт».
АрдыдэмкIэ зиумысыжащ епцIыжакIуэм- бийм быдапIэр зэрырищамкIэ.

И гуащIэр инт

Ди республикэм и юриспруденцием и тхыдэм хэмыгъуэщэжын лъэужь къыхинащ, а IэнатIэм и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ ДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэм (7.05.1912 - 9.10.1960 гъгъ.). Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэным ар зэрехъулIам тетхыхьыжащ Мамхэгъ Астемыр.

«Дунейпсо насыпым» щIэбэнахэр

Урысейм Совет власть щагъэува иужь, мыгувэу, 1919 гъэм, большевикхэм коммунист Интернационал къызэрагъэпэщащ. Абы иджыри къэс щымыIа къалэнышхуэ зыхуигъэуват революцэр дуней псом щытригъэкIуэну. А зэгухьэныгъэм марксизмэм и гъуэгум техьа партхэр хэтт икIи япэщIыкIэ я гугъащ абыхэм къабгъэдэкI ахъшэхэм ирилэжьэну. АрщхьэкIэ мыгувэу белджылы хъуащ къызыщыхьэщыж гуащIэрыпсэухэм хуэдэу ахэр езыхэри зэрыфакъырэр. Егъэлеяуэ мылъкур къемэщIэкIми, иджыри Граждан зауэр щекIуэкI Урысейм и закъуэт Дунейпсо революцэр зыщыгугъыр. Ар трагъэкIуэдэн щхьэкIэ ямыщIэн щыIэтэкъым.

ЩIэныгъэншагъэр щагъэкIуэд зэмант

Иджыпсту еджагъэшхуэхэр куэд хъуами, нэхъ пасэм республикэм IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр и мащIэт, абы къыхэкIыуи епIэщIэкIыу ахэр ягъэхьэзырырт. Къуажэ школхэм урысыбзэр щегъэджыныр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIащIахэм ящыщщ РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Бэрэгъун Мухьэмэд Хьэжпагуэ и къуэр.

ПщылIхэр къыщIедзыж… пщыуэ

ГъэщIэгъуэнщ

Къаншуей щIыпIэцIэхэр

ЩIыпIэцIэхэм илъэс куэдкIэ елэжьа Мурзаев Э. М. зэритхащи, «Иджырей гъащIэр уи нэгу къыпхущIэгъэувэнукъым узыщыпсэу щIыпIэм и фIэщыгъэцIэхэм ущымыгъуазэу, умыцIыхуу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэнэкIэ дгъазэми, ахэр дэ ди гъуэгугъэлъагъуэщ, ди сабиигъуэр къызыхэщыж, дигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэщ». Урыс тхакIуэшхуэ Паустовский К. зэрыжиIащи: «А фIэщыгъэцIэхэм ящыщ дэтхэнэми къыбжаIэж а щIыпIэм щыпсэуа, щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр, я псэукIар, яIа лэжьыгъэр, яхэлъа хьэл-щэныр, къадэгъуэгурыкIуа хабзэр». 

«Нахъуэ и вы егъэзыпIэри» нэгъуэщIхэри

 «Нахъуэ и вы егъэзыпIэ» щIыпIэм хъыбар хьэлэмэт иIэщ. Пасэ зэманым цIыхухэр зэрывэу щытар выщ. Махуэ псом зэрыва, зэрылэжьа вым жэщым зегъэгъэпсэхун, хэгъэпщын хуейт. ГурыIуэгъуэщ, ар хэти игъэхъуфу, хэти хигъэпщыфу зэрыщымытар, атIэ ар зыхузэфIэкIыр лIыгъэ зыхэлъ, къару зыбгъэдэлъ цIыху мышынэрт. 

Чингисхъан и унагъуэшхуэр

 Тхыдэр къапщтэмэ, дунейм нэхъ увыпIэшхуэ щызыубыда Чингисхъан (1162-1227 гъэхэр) псори зэхэту фыз 26-рэ иIауэ къалъытэ, ауэ и щIасэ бзылъхугъэхэр бжыгъэншэщ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу быну иIар зыхуэдизыр зыми жиIэфынукъым. Къыхахын хуей хъуащ икIи икIэм-икIэжым «дыщэ къуэпсым» хагъэхьар къуи 100-м нэблагъэщ. Ахэрат чингизидхэр (нэгъуэщIу жыпIэмэ, хъану щытыну зылъысахэр). Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хухахын хуейт унафэ щащIыну къалэ е къэрал кIапэ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ