|
|
Тхыдэ
28 сентября, 2025 - 08:00
КъызыхэкIа лъэпкъым и лъабжьэ, и къежьапIэ, и тхыдэ зыфIэмыгъэщIэгъуэн щыIэу къыщIэкIынкъым. Адэ-анэм, Хэкум, сабиигъуэм къагъэуш а гурыщIэ къабзэм нэхъри зеубгъу цIыхум щIэблэ игъуэта нэужь.
26 сентября, 2025 - 09:51
Ахъшэ псоми яIэщ: хэт куэдыIуэу, хэти, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мащIэ дыдэу. Абы и мыхьэнэми утепсэлъыхьыну делагъэщ. Хэбгъэзыхьмэ, ар хэмыту ди гъащIэр уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъущ. АрщхьэкIэ, цIыхур дунейм къытехьэри, пIалъэ кIыхькIэ а цIуугъэнэм хуэныкъуакъым. Ахъшэхэр къызыдежьар япэу къэунэхуа къэралхэрщ. Пасэ зэманым зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж апхуэдэ дэтхэнэми езым и ахъшэр иупIэщIу щытащ. Дригушхуэу жытIэ хъунущ адыгэхэр дыкъызытехъукIахэм я къэралу щыта Синдикэми ар щащIу зэрыщытар.
24 сентября, 2025 - 12:20
Пасэрей библиотекэ телъыджэхэр зэрыщыIам щыхьэт техъуэ хъыбархэмрэ дэфтэрхэмрэ къэсащ ди нобэм. Александрие библиотекэм и закъуэкъым дуней псом щыцIэрыIуэу ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIар. Апхуэдэщ урыс пащтыхьышхуэ Иван Грознэр дунейм ехыжа нэужь уэхбзэх хъуа тхылъ телъыджэхэр.
23 сентября, 2025 - 07:00
ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэм киноаппаратхэмрэ сурэттеххэмрэ куэду хэлIыфIыхьауэ жыпIэ хъунущ. Совет кинооператорхэр зэуапIэ губгъуэм итт я къалэн ягъэзащIэу, я псэр щати куэдрэ къэхъуу. Кинематографхэм лагъымыр яIыгъыу зэуапIэ губгъуэм илъадэртэкъым, Iэщэр яIэщIэлъу дзэм япэ иттэкъым. Ауэ ТекIуэныгъэ Иным абыхэм я гугъуехьи хэлъщ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэхъеиным мазищ иIэжу, Дзэ Плъыжьым и IуэхущIапIэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ дзэ Iуэхухэм кIэлъыплъын, тезыхын оператор гуп къызэгъэпэщын хуейуэ. Абы хагъэхьат Ешурин Владимир, Коган Соломон, Штатланд Виктор сымэ.
9 сентября, 2025 - 09:00
Лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ ди нэгум къыщIэзыгъэувэ тхыдэджхэм я тхэкIэм елъытащ цIыхубэр и Хэкум зэрыхущытыр.
Ар нэхъ лейуэ наIуэ хъуащ телефоныр тхылъымпIэмрэ къэрэндащымрэ я пIэ зэриувэрэ.
4 сентября, 2025 - 07:00
«Шэрджэс» фIэщыгъэм щIэту, Европэм къыщыдагъэкIыу щыта хьэпшыпхэр куэд дыдэ зэрыхъур щIэщыгъуэу къеIуэтэж ди лъэIукIэ Iуэхум нэхъ куууэ зыхэзыгъэгъуэза, «Инджылыз академие» школ гупым и къудамэу Налшык дэтым и унафэщIхэм ящыщ, инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ Къардэн Линэ.
3 сентября, 2025 - 11:00
Дызэрыщыгъуазэщи, Ставрополь крайм хыхьэ Кисловодск къалэм адыгэхэр ноби НартсанэкIэ йоджэ.
3 сентября, 2025 - 07:00
Дунейм зэрыпхъуакIуэ зауэ мин 15-м щIигъу щекIуэкIащ. Ауэ игъащIэми къэхъуауэ къыщIэкIынукъым адыгэхэр зыхадза зауэ гущIэгъуншэм хуэдэ. Лъэпкъым лъапсэрыхыр къыхуигъэкIуащ а зауэм. Къелам и нэхъыбапIэр хэкум ирахуащ. Ар зыфIэзахуэ ущрихьэлIэ щыIэщ иджыри къэс. Ауэ пэжыр зыщ: ирамыхулIатэмэ, я щхьэр щIрамыгъэхьатэмэ, фочыпэкIэ хы Iуфэм Iуамыхуатэмэ, кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ирагуэурэ хым зыпрамышатэмэ, псэм пащI я хэкур зыбгынэн зы адыги къэхъунтэкъым.
2 сентября, 2025 - 11:06
Кавказ зауэм Урысей къэралым насыпыншагъэ куэд къыхудэкIуащ. Бгырысхэм ялъ щагъэжа зауэщ ар, ахэр къазэун, дакъузэн папщIэ. Зауэм хисхьэпар адыгэхэмрэ абыхэм я лъахэмрэщ. Адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIауфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъу-зехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ, псом хуэмыдэу абы кърикIуа мыгъуагъэхэр.
29 августа, 2025 - 09:24
Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, Сэралъп Мадинэ игъэлажьэ Модэм и унэм сурэт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахауэ щытащ: «Миловановэ Татьянэ и сурэттехым къалмыкъ хъанхэр къызэрищыр». ФIэщыгъэм зи цIэр къыхэщ езы цIыхубзыр къыщыпсалъэм, ХьэтIохъущокъуэ Жан и цIэри къриIуат.
Страницы
|