|
|
Тхыдэ
2 июня, 2021 - 05:15
Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ абыхэм я бжыгъэр XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ.
28 мая, 2021 - 05:45
Контр-адмирал Артюхов и кхъухьхэр 1838 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м Сочэ псым есылIащ, абдеж убыххэр къащыпэплъэрти, зауэр яублащ. Дзэр къащытегуплIэм, убыххэр икIуэтащ, сэлэтхэм лъагапIэ зыбжанэ яубыдащ; убыххэм шэр къытракIутащ, къебгъэрыкIуащ, арщхьэкIэ хы Iуфэм Iут къуажэр, Сочэ, сэлэтхэм фIаубыдащ.
Къуажэм пэмыжыжьэ лъагапIэхэм етIуанэ махуэм убыххэр къытеувауэ ялъэгъуащ - хэт шууэ, хэт лъэсу. КъызэрыщIэкIамкIэ, убых зауэлIхэм я ныкъуэрат абдеж дзэм къащыпэувар, я ныкъуэр Мамай деж щыпэплъэрт урыс кхъухьхэм - абдежи дзэр къащытеуэн я гугъати.
28 мая, 2021 - 05:40
ГОЛОВИН пщыхэм яIихащ лъэIу тхылъхэр, къепсэлъылIащ, къажриIащ урысхэми бгырысхэми щыуагъэ куэд зэраIэщIэкIар, ахэр гъэзэкIуэжын зэрыхуейр. Тифлис махуищкIэ дэсри, лIыкIуэхэр къежьэжащ, генералыр къазэрыхуэупса тыгъэхэри къыздахьащ.
26 мая, 2021 - 05:05
ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт - бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэ- кIэт.
21 мая, 2021 - 05:27
Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэсащ, зауэ гуащIэм хэт бгырысхэм я хъыбар дуней псом щигъэIуащ - абы и гукъэкIыжхэр тхылъ щхьэхуэм щызэхуэхьэсауэ инджылызыбзэкIи урысыбзэкIи зыбжанэрэ къыдэкIащ. Щыгъуазэ фыдощI Лонгворт и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.
19 мая, 2021 - 05:32
IуэрыIуатэм «Мазибл зауэ» цIэмкIэ къыхэна лъэпкъ нэщхъеягъуэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м (махуэгъэпсыжьымкIэ - фокIадэм и 29-м) илъэс 240-рэ ирикъуащ.
30 апреля, 2021 - 05:32
Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуа, щыпсэу Дэгу Чэрим ТIымышэ и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмрэ математикэмкIэ и къудамэр къиухащ. Илъэс 20-м нэблагъэкIэ егъэджакIуэу лэжьащ, иужькIи илъэс 16-кIэ Зеикъуэ щыIэ интернат-школым и унафэщIу щытащ. Мы зэманым ХьэтIохъущыкъуей дэт кIэдет школым и офицер-гъэсакIуэщ. Зыхуеджар физикэ пэтми, Чэрим усыгъэр и хамэкъым. Куэд щIауэ абы дехьэх, ауэ и IэдакъэщэкIхэр зэи утыку кърихьакъым. Нобэ тыдодзэ Дэгу Чэрим и усэ зыбжанэ.
30 апреля, 2021 - 05:32
Зэхуэдэ IыхьитIу Налшык зэгуигъэзу зы уэрам щыIэщ. Абы и зы кIапэр Къэбэрдей уэрамым йоуалIэ, адрейр университетым и деж щеух, ут цIыкIу къигъэщIу. Ар езыри кIыхькъым и лъэныкъуитIымкIи нэхъыбэу узыIуплъэр зауэ нэужь лъэхъэнэхэм яухуа, къатитI-щыуэ зэтет унэхэрщ. Апхуэдэу щытми, ар къалэм и уэрам нэхъ дахэхэм ящыщ зыуэ ябж, цIэ зэрихьэми хуэфащэу псоми къалъытэ.
28 апреля, 2021 - 05:27
Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр 1907 гъэм «Вокруг света» журналым «Клод» унэцIэ нэпцIыр щIэту къытехуауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур Iуэтэжым зи гугъу ищI урыс-япон зауэм Кавказым щыщхэр зэрыхэта щIыкIэм цIыхухэр иджыри хуиту зэрытемыпсэлъыхьырт. Хъыбарым зи цIэ къыхэщ КIэрэф Залымджэрий къозыгъэцIыху тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ «Адыгэ псалъэм».
7 апреля, 2021 - 05:35
1950 щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьыгъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дипломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр нобэми пхэнжу къэзыгъэлъагъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.
Страницы
|