Тхыдэ

Къэнжал зауэр дигу къыдогъэкIыж

Лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ ди нэгум къыщIэзыгъэувэ тхыдэджхэм я тхэкIэм елъытащ цIыхубэр и Хэкум зэрыхущытыр.

Ар нэхъ лейуэ наIуэ хъуащ телефоныр тхылъымпIэмрэ къэрэндащымрэ я пIэ зэриувэрэ.

Ди лъэпкъыцIэм епха бэзэр Iуэхухэр

«Шэрджэс» фIэщыгъэм щIэту, Европэм къыщыдагъэкIыу щыта хьэпшыпхэр куэд дыдэ зэрыхъур щIэщыгъуэу къеIуэтэж ди лъэIукIэ Iуэхум нэхъ куууэ зыхэзыгъэгъуэза, «Инджылыз академие» школ гупым и къудамэу Налшык дэтым и унафэщIхэм ящыщ, инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ Къардэн Линэ.

Нартсанэ - Къэбэрдей шытх

Дызэрыщыгъуазэщи, Ставрополь крайм хыхьэ Кисловодск къалэм адыгэхэр ноби НартсанэкIэ йоджэ.

Хы ФIыцIэм и гуауэ

Дунейм зэрыпхъуакIуэ зауэ мин 15-м щIигъу щекIуэкIащ. Ауэ игъащIэми къэхъуауэ къы­щIэ­кIы­нукъым адыгэхэр зыхадза зауэ гущIэгъуншэм хуэдэ. Лъэп­къым лъап­сэрыхыр къыхуи­гъэ­кIуащ а зауэм. Къелам и нэ­хъы­ба­пIэр хэкум ирахуащ. Ар зы­фIэ­захуэ ущри­хьэлIэ щыIэщ иджыри къэс. Ауэ пэжыр зыщ: ирамы­ху­лIа­тэмэ, я щхьэр щIрамыг­ъэхьа­тэмэ, фочыпэкIэ хы Iуфэм Iуа­мы­хуатэмэ, кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ира­гуэурэ хым зыпрамышатэмэ, псэм пащI я хэкур зыбгынэн зы адыги къэхъунтэкъым.

Тхыдэм и дерсхэр

Кавказ зауэм Урысей къэралым насыпыншагъэ куэд къыхудэкIуащ. Бгырысхэм ялъ щагъэжа зауэщ ар, ахэр къазэун, дакъузэн папщIэ. Зауэм хисхьэпар адыгэхэмрэ абыхэм я лъахэмрэщ. Адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIауфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъу-зехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ, псом хуэмыдэу абы кърикIуа мыгъуагъэхэр. 

Къалмыкъ-адыгэ зэпыщIэныгъэхэр - тхыдэм

Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, Сэралъп Мадинэ игъэлажьэ Модэм и унэм сурэт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахауэ щытащ: «Миловановэ Татьянэ и сурэттехым къалмыкъ хъанхэр къызэрищыр». ФIэщыгъэм зи цIэр къыхэщ езы цIыхубзыр къыщыпсалъэм, ХьэтIохъущокъуэ Жан и цIэри къриIуат.

Ахульго - ящымыгъупщэжа напэкIуэцIхэр

 ШыщхьэуIум и 22-р дагъыстэнхэм я «накъыгъэм и 21-щ». Зыр адрейм и ужьым иту, машинэхэм Ахульго кIуэ гъуэгур яуфэбгъури, лъыкIэ ятхьэщIа а Iуащхьэм докIуей, къызытепщIыкIахэр хэтми къащIэжын папщIэ. 

ЗауэлIхэм я хахуагъэр

 «910-нэ лъагапIэ» фэеплъыр Бахъсэн районым мыхьэнэшхуэ зиIэ и щIыпIэщ. I942 гъэм и гъэмахуэм, Пятигорск (Псыхуабэ) къащта нэужь, зэрыпхъуакIуэхэр хэтащ Кавказ Ищхъэрэр адэкIи яубыдыну. 

Уэшхым хьэрычэт ирыращIэрт

XIX лIэщIыгъуэм икIэхэм, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Штат Зэгуэтхэм уэшхым хьэрычэт иращIэныр къэунэхуауэ щытащ. 

Къэбэрдейхэмрэ къалмыкъхэмрэ

1644 гъэм и щIышылэм хуахь япэ къалмыкъ-къэбэрдей зауэзэрылIыр. Тхыдэджхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, ар нобэхэми нэгъэсауэ ямыджа блэкIам и напэкIуэцIщ. Нобэрей цIыхухэр нэхъ мамырщIэкъуу дыщыт пэтми, лъэпкъитIым я зэпыщIэныгъэхэр къызэрежьам уриплъэжынкIэ мы зауэ цIыкIум хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ехъумэ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ