Тхыдэ

Гум псори къонэ

Тыркум щыттхыжа адыгэ IуэрыIуатэхэр лIэу­жьы­гъуэ куэд мэхъу, нэхъыбэрэ узрихьэлIэр хэкум здраша хъыбарыжьхэрщ, уэрэдхэрщ, тауры­­хъ­хэрщ, псысэхэрщ, псалъэжьхэрщ. Абыхэм ящыщ гуэр къыбжезымыIэфын яхэткъым илъэс щэ ныкъуэ-хыщI зи ныбжьхэм; нэхъыжь гурыхуэ куэдми дыщрихьэлIащ Тыркум, абыхэм яхэтщ нарт хъы­бархэмрэ пшыналъэхэмрэ зыхъумэфахэри.

Пащтыхь гуащэм и тыгъэ

Генерал Къундыхъу Мусэ и гукъэкIыжхэм щыщ

Пщыхэр сшэри, Тифлис ды­кIуащ. Штабым и унафэщIым къи­цIыхурт ахэр. Ар къепсэлъа нэужь, пщыхэр корпусым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ.

Си къуэш Къэжэр Индрис теухуа гукъэкIыжхэр

Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэси 125-рэ ирикъунут адыгэ пшынауэ, уэрэдус Къэжэр Индрис къызэралъхурэ. Ар зи гуа­щIэ­рэ пщIэнтIэпскIэ псэуж, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм къы­хэкIащ. Индрис и адэ-анэм щIалищрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ.

Гуащэнэ - урыс пащтыхь гуащэ

Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къы­щы­дэ­кIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица рус­ская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэ­гъуэнкъым - художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэм-рэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.

Россия и Черкесский мир: путь в будущее

Виталий ЕРШОВ:

Хэкум къафIинахэр

Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къы­зэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхьым къриубыдэу еныкъуэкъуа, уеблэмэ, XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху, Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гупышхуэ. 

Джатауэ Уэлий и кIуэдыкIар

Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джа­тауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 - 1923 гъгъ.).

Джатауэ Уэлий и кIуэдыкIар

Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джа­тауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 - 1923 гъгъ.).

Арутюновым адыгэхэм я тхыдэр фIыуэ ещIэ

Арутюнов Сергей Урысейм пщIэ хэIэтыкIа зыщыхуащI тхыдэджу, этнографу зэрыщытым къыдэкIуэу, Налшык щIэх-щIэхыу къеблагъэ академикхэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэ щIэныгъэлI зекIуэхэм я зым и фIыгъэкIэ дэ Iэмал диIащ а зэманым телевиденэм щылэжьа, нобэ Къармэхьэблэ дэт курыт еджапIэм и унафэщI Щоджэн Мурат абы дригъэкIуэкIа интервьюм дедэIуэну. ЩIэупщIэр зэрыкуэдым и хьэтыркIэ, а нэтыныр адыгэбзэм къидгъэзэгъауэ ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ къыдолъхьэ.

Абазэхэхэм я анэ Іуэтэж

Лъэпкъ философиемрэ дуней лъагъукІэмрэ я щІэщыгъуапІэм теІунщІэу тхыгъэ купщІафІэхэр адыгэ литературэм къыхуэзыгъэна тхакІуэхэм ящыщщ бжьэ­дыгъу щІалэ Къуиикъуэ Налбий.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ