ЗэIущIэхэр

Зыужьыныгъэм и тегъэщIапIэхэр

Кавказ инвестицэ зэхуэ­сышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэригъэпэща гъэлъэгъуапIэм утыку къыщрахьахэм еплъащ ­УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мишустин Михаил.

ЛIыхъужьхэм я щапхъэ

Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым иджыблагъэ Iэнэ хъурей къыщызэрагъэпэщащ. Ар теухуауэ щытащ ди лIыхъужьхэм Хэкум хахуэу къулыкъу зэрыхуащIэм и щапхъэхэм.

Зэхыхьэр зэхашащ Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ фондыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу.

Къэрал Думэм жэрдэмыр къыщыдаIыгъ

Мэлыжьыхьым и 15-м УФ-м и ФС-м и Къэрал Думэм и зэIущIэм япэ еджэгъуэу зэдэарэзыуэ къыщащтащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и Парламентым къыхилъхьа федеральнэ законым и проектыр. 

ЩIыналъэхэр къаунэщIынурат

Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ махуэ хэхахэм мы гъэм щIэуэ къыхыхьащ Совет цIыхубэм къращIылIа лъэпкъгъэкIуэдым хэкIуэдахэм я фэеплъыр. Ар мэлы­жьыхьым и 19-м техуэу нэгъабэ игъэуващ УФ-м и Президент Путин Владимир икIи щIэзыгъэбыдэ «Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэхэмрэ фэ­еплъ махуэхэмрэ я IуэхукIэ» унафэми зэ­хъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Сытым трагъэ­щIа а махуэр?  

ЦIыхубэм япыщIауэ, я дзыхь кърагъэзу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм илъэсым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщызэщIакъуэжа зэхуэсым.

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.

«Урысей зэкъуэтым» къепщытэж

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр къыщапщытэжа зэхуэс щекIуэкIащ Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм. Абы хэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Къэрал Думэм я депутатхэр, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIы­кIуэхэр, «Молодая гвардия» зэгухьэныгъэм хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, журналистхэр. ЗэIущIэр къызэIуахащ УФ-мрэ КъБР-мрэ я гимнхэмкIэ. Зэхуэсахэм гуп-гупу загуэшри, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм тепсэлъыхьащ. Абы хэтащ мыпхуэдэ Iыхьэхэр: дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ядэIэпыкъун, экономикэ, медицинэ, егъэджэныгъэ. 

Набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ коррупцэм щыпэщIэтынымкIэ зэзыгъэуIу совещанэм. Ар иригъэкIуэкIащ  УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий.

 ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ КИФЩI-м щыщ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ  щIэпхъаджагъэм щыхъума зэрыхъупхъэм, ахэр   терроризмэмрэ экстремизмэмрэ  хэзышэну зи мурадхэм япэIэщIэ щIын зэрыхуейм.

Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр ирагъэфIакIуэ

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ СтатистикэмкIэ къэрал къулыкъущIапIэм и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ. ЗэIущIахэм къапщытэжащ республикэм и къулыкъущIапIэм гъэ блэкIам къехъулIахэр.

 Гулъытэ нэхъ зыхуащIа лъэныкъуэхэм язщ статистикэмкIэ къэралым и планым ипкъ иткIэ, цIыхухэм ятеухуауэ зыщыгъуэзапхъэхэр иригъэкъунымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ.

Къуажэ щIыпIэхэм къыщекIуэкI уасэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щаубзыхуащ къуажэ щIыпIэхэм щащэ псэупIэхэм я метр зэбгъузэнатIэм и уасэр зэрыхъунур. КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм ар щыжиIащ республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. А бжыгъэхэр тегъэщIапIэ хъунущ, къуажэхэм псэупIэхэр къыщызыщэхуну е щызыухуэну мурад зиIэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэу иратыну ахъшэм и куэдагъыр къыщабжкIэ. 
Дэфтэрыр ягъэхьэзыращ «ЦIыхухэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэнымрэ псэупIэ ухуэн IэнатIэм зегъэужьынымрэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр