ЗэIущIэхэр

УсакIуэмрэ тхылъеджэхэмрэ

КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щекIуэкIащ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым жэуап зыхь и секретарь, УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, «Илъэсым и журналист нэхъыфI» (1993 гъэ) саугъэтым и лауреат, сабий усакIуэ, тхакIуэ Хьэту Пётррэ тхылъеджэхэмрэ я зэIущIэ. 
IуэхущIапIэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье зэхыхьэм хэтхэм яхутепсэлъыхьащ тхакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. 

ЩIыхуэр дагъэпсынщIэ

2025 гъэм и япэ мазихым Кавказ Ищхъэрэм хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ пэрыт и IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту банкхэм щIыхуэу къыIахам сом меларди 5,76-м нэблагъэ иджыри къыхагъэхъуащ, ахъшэр къезытахэм я деж абыхэм къыщащта къалэнхэм и Iыхьэ гуэрхэмкIэ МСП Корпорацэр шэсыпIэ яхуиувэу. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 6-кIэ нэхъыбэщ ар.

Лэжьыгъэм зэпыу иIэкъым

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Хуснуллин Марат видеоконференц IэмалкIэ шыщхьэуIум и 7-м иригъэ­кIуэкIа, ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЯхузэфIэкIахэмрэ къалэныщIэхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лъэпкъ, къэрал про­ектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, инфраструктурэ ухуэныгъэ­хэр зэIузэпэщ зэращIым, республикэм и бюджетыр илъэ­сым и япэ Iыхьэм къызэрагъэщхьэпа щIыкIэм теухуауэ Правительствэм совещанэ дригъэкIуэкIащ.

ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэпIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэ­лъэгъуащ «ЩIалэгъуалэм папщIэ щIыналъэ» президент программэм хыхьэу Налшык щащI «Эльбрус» щIалэгъуалэ лагерым и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр.

Къыдэхьэхыпхъэщ нэгъуэщIым ямыIэхэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIащ «Российский центр оборота прав на результаты творческой деятельности» (РЦИС) урысейпсо жылагъуэ-къэрал IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр. КъБКъУ-м бадзэуэгъуэм и 18-м щекIуэкIащ «Интеллектуальная собственность: основа инновационно-креативной экономики. Кабардино-Балкарская Республика 2025» щIыналъэ зэхуэсыр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м и Правительствэм, РЦИС-м и федеральнэ Iуэхум хыхьэу. 

Пэрытхэм дыхабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Прави­тельствэм щIыналъэхэм зегъэу­жьынымкIэ и комис­сэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэм. Видеоконференц IэмалкIэ ар иригъэкIуэкIащ Правительст­вэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

Зыужьыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэфIхэмрэ

Гъуэгум ирикIуэм нэхърэ гъуэгупэр зыубыдыр лъэпощхьэпо нэхъыбэ IуощIэ. 

Нэхъри щIагъэхуабжьэ

 «Кавказ.РФ»-м сом мелард 62-рэ хилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бизнес пэхуэщIэхэм. Компанием и унафэщI Юмшанов Андрей ар щыжиIащ Налшык къалэм щыIэу республикэм и хьэрычэтыщIэхэм щаIущIам щыгъуэ. 

Хэхъуэхэр нэхъыбэ мэхъу

ЛэжьапщIэхэр тыным пыщIа Iуэхухэм ятеухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр