ЗэIущIэхэр

Я нэIэм щIагъэт

КIуэ­кIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Экологие, технологие, атом кIэ­лъып­лъыныгъэхэмкIэ федераль­нэ IэнатIэм Кавказым щиIэ къудамэм и унафэщI Ца­лиев Алан.

ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ!

ЩIыпIэ унафэр зезыхьэ IуэхущIапIэхэм я ­махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
ЦIыхухэм нэхъ япэгъунэгъу мы IэнатIэм жэ­уап­лыныгъэшхуэ пылъщ. Фэ фи лэжьэкIэм, ­фи къалэнхэр зэрывгъэзащIэм елъытащ респуб­ликэм исх­эр зыхуей хуэзэу псэуныр.

ЗэпIэзэрытыныгъэм и хэкIыпIэхэр яубзыху

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий видео­зэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету иригъэкIуэкIащ къэралыр санкцэхэмкIэ гугъуехь щыхагъэт зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыны-гъэ щызэтегъэувэным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ вице-премьерхэр, министрхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, банк унафэщIхэр.

ЩIалэгъуалэ IэнатIэщIэ яубзыху

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ ­Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр зи къалэн гъэзэщIакIуэ IэнатIэ щхьэхуэ республикэм къыщызэгъэпэщыным.

КъыхэтхыкIым кърикIуахэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управ­ленэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Ау­рикэ. Ахэр тепсэлъыхьащ статистикэмкIэ республикэ IэнатIэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуам.

Хущхъуэхэм гулъытэ хэха хуащI

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм, «правительст-вэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытеп­сэлъыхьащ цIыхухэр хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым зэрыкIэ­лъыплъ щIыкIэм.

Ухуэныгъэм зыщIагъакъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм и штабым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм ухуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэмкIэ и министр Файзуллин Ирек, хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэр.

ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм къапэщылъ Iуэхухэр

УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм КъБКъУ-м и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ хэтащ. Ар теухуат дунейм щыщыIэ хъуа щытыкIэм елъытауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэ хъунур зыхуэдэм, еджэныгъэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ къызэпымыудауэ и мардэм тету егъэкIуэкIын зэрыхуейм.

КъызэтеувыIэнукъым

КIуэкIуэ Казбек Москва щыIущIащ «ЭКО-культура» агропромышленнэ холдингым и президент Рудаков Алек­сандр. Ахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм щащI, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин хуа­бэщ зэхэтым и Iуэхур здынэсам.

Ухуэныгъэхэр къызэтрагъэувыIэркъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэ комиссэм и президиумым хэтхэм я зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр