Экономикэр электрокъарукIэ тэмэму къызэрегъэпэщ«Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и къудамэ «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм 2019 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм электрокъарууэ къыхуиутIыпщар абы япэ ита илъэсым елъытауэ киловатт-сыхьэт мелуан 21-кIэ нэхъыбэ мэхъу. Ар нэгъэсауэ яхурикъуащ ди щIыналъэм электрокъарур къыщызыгъэсэбэпхэм. МЫ ЭНЕРГИЕ лIэужьыгъуэр кIуэтэху нэхъыбэу къыщIагъэсэбэпым и щхьэусыгъуэр социальнэ IуэхущIапIэхэм, псэупIэ хьэблэщIэхэм зэрызаубгъурщ, промышленностым зэрызиужьырщ. «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм и унафэщI Къарэ Муртаз зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм я псэукIэр зэрефIакIуэм хуэдэ къабзэу абыхэм къагъэсэбэп электрокъаруми хохъуэ.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 15:30 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.10.2026 - 15:07 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У К А З
12.10.2026 - 12:18 →
Къуажэм дэлъа хабзэхэр
11.10.2026 - 12:26 →
ЦIыху гуапэ
11.10.2026 - 11:18 →
Лъэужь нэху
| ||




