КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ![]() Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 14-м я бэнакIуэ 70-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 - 20-хэм къриубыдэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм хэта КIыщ Аслъэнбэч щыбанэ килограмм 72-рэ хъухэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ. Къыхэдгъэщынщи, ди щIалэм Урысейм и зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм къыщихьа дыщэ медалхэм мыр я еханэщ. Аслъэнбэч зыгъасэр КIыщ Муратрэ Къардэн Анзоррэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.12.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
03.12.2025 - 14:53 →
Спорт зэпеуэхэр
01.12.2025 - 10:42 →
Биткаш Давид зэкIэ етIуанэщ
27.11.2025 - 16:04 →
Спорт хъыбархэр
27.11.2025 - 14:00 →
Нартокъуэ Вячеслав токIуэ
| ||





