Я нэIэм щIэтынущ

Псы хущхъуэхэр хъумэнымрэ ахэр къыщыщIэж щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм гъэ кIуам унафэ къищтащ цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, ди щIыналъэм турист нэхъыбэ къешэлIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Джылы-Су аузыр сыт и лъэныкъуэкIи хъумэным теухуауэ. А щIыпIэм щIыуэпсым (псы къыщIэжыпIэхэм, хьэуам, щIым, мэзхэм) зэран хуэхъу лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынукъым, ихъуреягъыр хъупIэу къагъэсэбэп, Iэщ фермэхэр, псэупIэ унэхэр, кхъэхэр щаухуэ хъунукъым. 
Гектар 2,5 - м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэ Джылы-Су щаухуэнущ насос станцхэр, псыр зрикIуэ бжьамийхэр, псы зэбгрытыкIыпIэхэр, псы хущхъуэм цIыхухэр щефэну утыкухэр. ЩIыпIэм и Iэгъуэблагъэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIыныр къызэпаудынукъым, къагъэсэбэп зыхуей-зыхуэфIхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ шынагъуэншэу щытмэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ипсы хущхъуэхэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу къабзэщ, цIыхум я узыншагъэр хъумэнымкIэ сэбэпышхуэу къалъытэ минералхэмкIэ къулейщ. ЦIыхухэм зыщагъэпсэхуным, зыщагъэхъужыным теухуауэ а щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэмэ, ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэнум шэч хэлъкъым.
Псынэхэр дэнэ псыхъуи, уеблэмэ унагъуэ хадэхэми къыщыщIэжу щытащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Апхуэдэ щIыпIэхэр кIэрыхубжьэрыху идзыпIэ мэхъу, ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкI. Къапщтэмэ, Старэ Шэрэдж, Псыгуэнсу, Зэрэгъыж, Жэмтхьэлэ псыхъуэхэм псынэпс къыщIэжыпIэу зыбжанэ иIэу щытащ, къуажэхэм кран зыбжанэ фIэкIа щыдэмыта зэманхэм къуажэдэсхэм я нэхъыбэм ирафыр псынэпсырт. Ахэр апхуэдизу къабзэу зэрахьэрт икIи кIэлъыплъырти, и Iэгъуэблагъэ къудейм щымылъыпхъэ щыплъэгъунутэкъым. Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжьхэм псынэхэм я лъащIэр пIалъэ пыухыкIам тету ягъэкъабзэрт, хэлъ мывэкIэщхъхэр мащIэ хъуамэ, хэзу хакIутэжырт, ухэплъамэ, гъуджэм хуэдэу ахэр къыхэщу. А псоми я щIыIужкIэ, псынэ Iуфэхэм бэрэтIинагъуэ (гущэIэпэкIи йоджэ) куэду кърасэкIырт. ЩIымахуэр ямылейуэ щIыIэ къэмыхъумэ, ахэр зэрыщхъуантIэу гъэ псом псынэ Iуфэм Iутт, псыр нэхъ IэфI. Нэхъ сэбэпыж ищIу, уеблэмэ игъэкъабзэу къалъытэу.
  Нобэ псыр пэрыхьэту ягъуэт жытIэми, хэткIи щэхукъым, краным къиж псымрэ псынэпсымрэ зэи зэхуэдэ зэрымыхъунур. Хъуныр ауэ къэгъэнауэ, цIыхур зэфэну псыр тыкуэнхэм къыщищэху хъуащ. Абы къегъэлъагъуэ псынэпсхэмрэ псы хущхъуэхэмрэ сыт хуэдэ зэманми цIыхум ихъумэн зэрыхуейр. Иджыблагъэ Налшык и псы Iуфэхэм зыщытплъыхьащ. Зы псынэ къыщIэжыпIэ нэхъ мыхъуми къэдгъуэтын мурад диIэу - щыIэтэкъым. Псыгуэнсу псыхъуэм къыщыдгъуэтащ зы мыхъуу, зыбжанэ. Япэхэм хуэдэу интэкъым ахэр, арщхьэкIэ зэрыпсынэр плъагъуу къабзабзэт, щIыIэт, мывэкIэщхъ лъащIи яIэт. Псым пхаша лъагъуэ нэшэкъашэ цIыкIухэр, куэди ямыкIуу, псышхуэм хохуэж, абы щыхэлъэдэжми, и къабзагъыр адрей псы утхъуам хэмызэрыхьу зэулкIэ йох. Джылы - Су и къурш псынэхэр, абыхэм ебгъапщэ мыхъуну, дауи, инщ, къурш джабэхэм, лъащIэхэм къыщыпхиуди щыIэу. Ди щIыналъэм щыпсэухэри дунеяплъэ къакIуэхэри куэд щIауэ щыгъуазэщ а псыхэм минерал пкъыгъуэ сэбэпу хэлъым. Иджыпсту псом ящхьэр ахэр щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэмрэ хабзэм ебакъуэ цIыхухэмрэ ящыхъумэнырщ, туристхэм гунэс ящыхъун хуэдэу, иджырей мардэхэм тету, зэIузэпэщ щIынырщ.
Иужьрей илъэситI зэкIэлъыкIуэхэм Джылы-Су и Iэгъуэблагъэхэр зэщIэгъэкъэбзэным теухуа щIыхьэхухэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ волонтёрхэм, а щIыпIэм зи лэжьыгъэ щыIэхэм, зыщызыгъэпсэхухэм. Абыхэм, къурш ныджэхэм ямызакъуэу, гъуэгу здэщымыIэ нэхъ щIыпIэ пхыдзахэри зэщIакъуэ, псынэхэмрэ псыхущхъуэхэмрэ я щытыкIэр къабзагъэми зэрелъытар къагурыIуэу.
Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: