ЗэгурыIуэнукъым

Франджым и президент Макрон Эммануэль нахуэу жиIащ Атлантикэ ищхъэрэ блокым хэт къэралхэм я зауэлIхэр Украинэм ягъэкIуэн хуейуэ. Ауэ шынагъуэ дыдэ зыпылъ а лъэбакъуэхэр зэкIэ даIыгъакъым. ИтIани нэщэнэ щIагъуэкъым абы тепсэлъыхьу зэрыщIадза къудейр. Ауэ быдэу фIэщ щIыгъуейщ арыншами нэхъри зэкIэщIэкI, зэгурымыIуэж хъу «Европэ зэкъуэтыр» мыбдеж щызэкъуэувэну. Абы хыхьэ къэралхэм езыхэм дзыхь зыхуащIыжыркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, гугъущ франджыхэмрэ инджылызхэмрэ зызэхащIыкIауэ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну. Англосакскэм укъызэрамыгъэпэжынур фIыуэ къагуроIуэ нэгъуэщIхэми.
Нэхъыщхьэращи, абыхэм я зэкъуэтыныгъэр здынэсри, абы кърикIуэхэри тхыдэм къигъэлъэгъуащ.
1812 гъэм Наполеон Урысейм къыщытеуами: и дзэм и Iыхьэ щанэ къудейрт франджыхэр, адрейхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт Хэку зауэшхуэм и зэманми Фашист Германием къыкъуэтащ къанэ щIагъуэ щымыIэу европей къэралхэр: хэт дивизиехэр гъусэ къыхуищIащ, хэти гуп нэхъ цIыкIухэр къигъэкIуащ, хэти мылъкукIэ къыдэIэпыкъуащ. Уегупсыс хъунут я зэкъуэтыныгъэр жыжьэ къыщежьауэ, ауэ ахэр ипэжыпIэкIэ зэкъуэтт? Тхыдэм къигъэлъагъуэр нэгъуэщIщ: европейхэм зеи ныбжьэгъугъэ яку дэлъакъым, дзыхьи зэхуащIакъым. Езы нэмыцэхэми ахэр зеи я щхьэ иралъытакъым, сыт щыгъуи ягъэпуду къекIуэкIащ. Мис абыхэм ятеухуауэ вермахтым и генералхэм къаIуэтэжахэм къахэтхахэр.
Псоми къыхагъэщащ къакъуэувахэр гущIэгъуншэу, лIыжьхэми сабийхэми ящымысхьыу зыкъызэрагъэлъэгъуар, ауэ зауапIэ губгъуэм уащыщыгугъ мыхъуну къызэрыщыщIэкIар. Абы игъэгубжьырт нэмыцэхэр.
Испанхэм ятеухуауэ фельдмаршал фон Бок Федор 1941 гъэм фокIадэм и 3-м итхыгъащ: «А щIалэхэм Iэпслъэпс щIэрыпсхэми езыхэм я гъуэншэджхэм щIауну бгырыпххэр къыхащIыкI. Испанхэм гъуэгукум къыщытранэ зи шэрхъыр гъуанэ хъуа лъакъуэрыгъажэхэр, пулеметхэор щызэпкъралъхьэкIэ уадэ къагъэсэбэп». «Испан легионерхэр теплъаджэщ: зи жьакIэр мыупса, щыгъыныр къызыщылэл икIи чэф зауэлI плъагъумэ, ар испан лIыхъужьырщ. Зауэ IэнатIэм абыхэм мыIейуэ зыкъыщагъэлъагъуэ, ауэ зэщIэкъуакъым», - а псалъэхэр зейр Германием и лъэсрыкIуэдзэхэм я штаб нэхъыщхьэм и унафэщI генерал Гальдер Франц.
 1941 гъэм урымхэр (итальянхэр) зэрыпсэмахэр, зэуэным хуэмыщIар нэмыцэхэм яфIэдыхьэшхэну щытамэ, 1942 гъэм ахэр епцIыжакIуэхэу, Iэщэхэр хыфIадзэу щIэпхъуэжыну сыт щыгъуи хьэзырхэу къалъытащ. «Урымхэр лэжьакIуэфIхэщ, ауэ зауэлIхэкъым»,- хужаIэрт. Сталинград и деж хьэлэч къыщащIа иужь 1943 гъэм мазаем и 11-м Гитлер жиIащ: «Къэхъуар къызыхэкIа щхьэусыгъуэ закъуэщ, урымхэр напэтехыу къызэрыщIэкIар. Ар сэ сщIэрт ауэ апхуэдэ дыдэ си гугъакъым».
Румынхэри ящыщащ фашистхэм Сталинград и деж къащыщыщIахэмкIэ ягъэкъуэншахэм, ауэ языныкъуэ генералхэм къагъэлъэгъуащ, ахэр лIыгъэншэу зэрыщымытарщ. Я мыгъуагъэр IэщэфащэкIэ тэмэму икIи ирикъуу зэщIэузэдауэ зэрыщытарщ.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Гальдер ауаныщIу жиIэрт румынхэр щимыкIуэтынур бийм щебгъэрыкIуэм дежу. Ауэ цIэрыIуэ хъуащ егъэлеяуэ нэпсейуэ, ерыскъы щIэнэцIу зэрыщытымкIэ. Хэбгъэзыхьмэ, загъэпсэхуну я лъахэм щагъэкIуэжкIэ хуит ящIын хуей хъуат къаугъуеяхэмкIэ куда шумэданитI къыздащэтэну. Зылъэгъуахэм яхуэIуэтэжыртэкъым абыхэм я инагъыр!
Нэмыцэхэм словакхэр цIыху тIорысэу, абыхэм я зауэлIхэр мыхьэнэншэу къалъытэрт. ИкIэм-икIэжым партизанхэм ираутIыпщащ, ауэ мыбдежми къыщыхэжаныкIакъым: куэдыр бийхэм яхыхьэрт. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зауэм и кIэухым словакхэм езы нэмыцэхэм япэщIэувэжауэ щытащ.
 Вермахтым и щытхъу къахьакъым финхэми, франджыхэми. Ахэри зауэм щыхуэмыхут. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэт: зыхуэзауэр хамэт, езыхэр псом нэхърэ нэхъыфIу, адрейхэр къанэ щымыIэу я бжьым щIэтын хуейуэ къэзылъытэ къарурт.
 Абыхэм ягъэзэщIащ езы нэмыцэхэр нэхъ зыщымэхъашэ лэжьыгъэ фIейхэр, лIыжьхэр, цIыхубзхэр, сабийхэр яхэту цIыху мамырхэр зэтраукIэныр, хъумакIуэу здагъэува гъэрэщхэм щаIыгъхэр я псэхэм хьэзабышхуэ ятелъу ягъэлIэныр. Псом хуэмыдэу яхуэлъэт журтхэмрэ полякхэмрэ. Абыхэм цIыху минипщIхэр зэрагъэкIуэдам теухуауэ нобэр къыздэсым щэхуу яхъума дэфтэр куэд иджы къызэIуахыж. 
Зэрытлъагъущи, мы зэманым «Европэ зэкъуэт» жыхуаIэм и къекIуэкIыкIар трамыгъэкIыжыфын бжыгъэкIэ щIэгъэнащ. Абы тещIыхьа «зэакъылэгъуныгъэри» къутэу зэкIэрашхэжа кхъуэщыным хуэдэщ, куэд ихьынукъым… 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: