Дыщи домбеякъи къахь![]() Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Карачаевск къалэм и «Домбай» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ илъэс 13 - 14 зи ныбжь щIалэхэмрэ илъэс 19 - 20 хъу хъыджэбзхэмрэ. НэхъыщIэхэм ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксёрхэр икIи абыхэм ящыщу тIум медалхэр къахьащ. Килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызауэ Къанокъуэ Раад утыкум щэ къихьати, зэIущIэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу псоми щытекIуащ. Абдежым ди щIалэм дыщэ медалыр къыщихьащ.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
| ||





