Ди щIыналъэм и щIыпIэ телъыджэхэр къэхутэнымрэ ахэр щIэрыщIэу цIыхубэм я пащхьэм илъхьэнымрэ илъэс куэд хъуауэ телажьэ, я творческэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм пэкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Котляровхэ Мариерэ Викторрэ иджыблагъэ къыдагъэкIащ «Куэд къыбжезыIэ Къэбэрдей-Балъкъэр» зыфIаща тхылъыр. Ар «Ди щIыуэпсым и теплъэ» фIэщыгъэм щIэту 2011 гъэм щыщIэдзауэ 2019 гъэм нэсыху къыдагъэкIахэм я е 9-нэ Iыхьэщ.
Адрейхэр фигу къэдгъэкIыжынщ: («Зи теплъэр дахащэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Абы и щэхухэр…», «Зи цIэр ямыщIэхэр…», «Удэзыхьэххэр…», «Телъыджэхэр…», «Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэхэр», «Мынэрылъагъу - фIэщщIыгъуейхэр». Абыхэм псоми илъэси 5-кIэ елэжьри, иужькIэ зэгъусэу къыдагъэкIын щIадзащ.
«Познавательная Кабардино-Балкария» тхылъым и едзыгъуэхэм ящыщхэу «Зэманым къыхэна лъэужь», «БлэкIам и нобэ» зыфIащахэр теухуащ ди республикэм и тхыдэм мыкIуэдыжын лъэужь къыхэзына цIыхухэм. ЩIэджыкIакIуэхэм апхуэдэу яфIэгъэщIэгъуэнынущ «Лэжьыгъэм и къежьапIэр «Адыгэ лъэпкъым техуауэ тхыдэм къыхэщыр», « Куйбышевым и гъуэгу», «Кавказым къэкIуа япэ нэмыцэ альпинистхэр», «Тегенекли къагъэкIуат ЦКП(б)-м и секретархэр, Кагановичрэ Андреевымрэ яукIыгъэр къызэрагъэпэщыну», «ЩакIуэ цIэрыIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым», «Рейхсканцелярием бэракъыр фIэзыдза урыс баронессэ» «Сергей Бондарин и «Балъкъэрым и теплъэхэр», Зи цIэр ящыгъупщэжа географ», «Приют екIуэлIапIэншэ» очеркхэри.
ЕтIуанэ Iыхьэм ихуа къэпщытэныгъэ тхыгъэхэр теухуащ 1729 гъэм Къызбрун Iуащхьэм щекIуэкIа Бахъсэн зауэм, Щамил Къэбэрдейм къэкIуэну къыщIемыхъулIар, Нэгумэ Шорэ мызэу здэщыIа Каррас колониер къызэзыгъэпэща шотланд миссионерхэр зи Iуэху зэрахуар, Лэскэн щыпсэуа «толстовцы» - хэм къагъэна лъэужь, Сталиныр Налшык къызэрыкIуа бжыгъэр, Хэку зауэшхуэм и зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм журт бгырысхэр къызэрырагъэла щIыкIэр. Тхылъым и «Мемориа» Iыхьэм апхуэдэу ихуащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ псэрэ гупсысэкIэ япэгъунэгъуу дунейм тетахэм ятеухуа тхыгъэ кIэщIхэри. Абыхэм яхэтщ цIыхубэм фIыуэ яцIыхухэри, зи цIэр куэдым зэхамыхахэри, ауэ ахэр псори гъунэгъуу зэзышалIэ щыIэт - ар абыхэм я лъахэ цIыкIум - зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ къэбэрдей-Балъкъэрым, Чхеидзе Константин и щапхъэм тету, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ «Прометей и лъахэу» къалъытэм хуаIэ лъагъуныгъэрт. Напэ 500 хъу тхылъыщIэм щызэхуэхьэса тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмрэ къыщыхьа щапхъэ пэжхэмрэ щIэджыкIакIуэхэм къамылъыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Мы къыдэкIыгъуэр зэрыхъур 500 къудейщ.