Ди шууейхэр къыхожаныкIБахъсэн къалэм хыхьэ «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы спорт комплексым щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ дуней псом и япэ космонавт Гагарин Юрий и Кубокыр къэхьыным икIи гъуэгуанэ зэхуэмыдэхэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м, Белоруссием я шууейуэ 100-м нэблагъэ.
Спортсменхэм зэпачащ километр 40, 80, 100, 120-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууейхэм зэфIэкIыфIхэр зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуащ. Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Васильевэ Екатеринэ, Елъкъэн Казбек, Дудов Арсен сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ Къалэ Мухьэмэд, ФочыщIэ Аслъэн, Тэтэркъан Рэмэзан сымэ. Дэш Лянэрэ Согуэ Муратрэ ещанэ увыпIэр къахьащ.
Поделиться:
Читать также:
10.08.2026 - 12:00 →
УащIыдэплъеин ябгъэдэлъщ
28.07.2026 - 11:18 →
Бибрэс и цIэр тхыдэм къыхэнэнущ
27.07.2026 - 20:41 →
ЩыIащ Адыгейм апхуэдэ жылэ
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
| ||




