Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэрХэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъхэм екIуалIэ гъуэгухэр дызэрыт илъэсым зэIузэпэщ щащIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэм 2-нэ Таманскэ дивизием и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 45-рэ щрикъум ягъэува фэеплъым хуэкIуэ «ЩIалэгъуалэ» уэрам дыхьэпIэр.
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамми гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI, Къубэ-Тэбэрэ Къулъкъужын Ипщэрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгури зыхуей хуагъазэ. А гъуэгум и бгъум къыIутщ Гъусэхэ зэкъуэшихым я фэеплъыр, Къулъкъужын Ищхъэрэм щыIэ къуэшыкхъэм дэтри. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым ухуешэ Къулъкъужын Ипщэм и уэрамми.
Апхуэдэ фэеплъхэр тетщ лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI, Бабугент къуажэм Мечиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым, Светловодскэ жылэм и Осетинскэ уэрамым хуозэ Аманов Iэюб хуагъэувар.
ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIа уэрам псоми асфальтыщIэ тралъхьэнущ, гъуэгу зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр, дамыгъэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIынущ, цIыхум и шынагъуэншагъэм ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри къызэрагъэпэщынущ.
Гъуэгу лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ.
Поделиться:
Читать также:
16.03.2026 - 17:15 →
Адыгэбзэр макъыбзэщ
16.03.2026 - 17:08 →
ПсыкIэ гугъу ехьыжынукъым
16.03.2026 - 16:05 →
Бзэр къыкIэрыху хъунукъым
16.03.2026 - 11:33 →
Адыгэ жьэгум и хуабэр
15.03.2026 - 12:26 →
ЩIэблэхэм къадогъуэгурыкIуэ
| ||




