ЕджапIэ нэхъ ин дыдэр![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. ЗэрытраухухамкIэ, школым еджакIуэхэм папщIэ тIысыпIэу мин 1,5-рэ иIэнущ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Егъэджэныгъэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Курыт еджапIэщIэр къатищу зэтетынущ икIи псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 22-рэ ирагъэубыдынущ. Абы хыхьэнущ цIыхухэр куэду щызэхуэс пэшышхуэ, тIысыпIэу 800 иIэу, артистхэм папщIэ пэшхэмрэ хэтыжу – цIыху 750-рэ зыщIэхуэн шхапIэ, спортзалу тIу, тренажёр пэш, IэпщIэлъапщIагъэм еджакIуэхэр щыхуагъасэ кабинет, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
16.04.2026 - 14:37 →
Хабзэрмрэ бзэмрэ и гъуазэу
15.04.2026 - 16:38 →
Телъщ ар ноби ди напщIэ
13.04.2026 - 14:52 →
КъэхъукъащIэхэм пэджэжу
| ||






