Дохутырхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ «VITA REHAB DAY: реабилитация, санаторно-курортное лечение. Настоящее и будущее» фIэщыгъэр зиIэ, щIыналъэхэр зэпызыщIэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм абы и утыку къыщрахьащ иужьрей зэманым унэтIыныгъэм щIэуэ къы­хыхьа Iэзэгъуэхэр, ап­хуэдэуи къагъэлъэгъуащ сана­торэхэм я лэжьыгъэр егъэ­фIэкIуэнымкIэ хэкIы­пIэу къалъытэхэр.

КъБКъУ-м и медицинэ академием и директор, профессор Мизиев Исмэхьил зэхыхьэр къызэIуихри, абы хэтхэр щигъэгъуэзащ махуитIкIэ екIуэкIыну конференцым и жыпхъэм икIи къыхигъэщащ апхуэдэ зэIущIэхэр Iуэхум нэхъ куууэ хэгъуэзэнымкIэ Iэмал хъарзынэу зэрыщытыр.
- Щытхъушхуэ зиIэу щыта Кавказ Ищхъэрэм и санаторэхэр иужьрей зэманым къызэрыщIэрэщIэжыр гуа­пэщ. Абыхэм зегъэужьыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Къэралым и щIыпIэ куэдым къикIыурэ абы я узыншагъэр щызэфIагъэувэжу, щрагъэфIэкIуэжу илъэс бжыгъэ куэдкIэ къекIуэкIащ, мис иджы а IуэхущIапIэхэм япэм яIа пщIэм зыкъеIэтыжри, ди къару етхьэлIэн хуейщ­ зэредгъэфIэкIуэнум. Кавказ Ищхъэрэм и санаторэхэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ нобэ куэд зэфIагъэкI, иджырей IэзэкIэщIэхэр, узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным и жыпхъэщIэхэр къагъэсэбэп. Шэч къытесхьэркъым нобэ конференцым хэтхэм я IэнатIэхэм къащыхуэщхьэпэн куэд къызэрыщащIэнум, - жиIащ  Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щIэныгъэ-егъэджэныгъэ медицинэ зэгухьэныгъэмкIэ и ЗэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Мажаров Виктор.
КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, профессор Алътуд Юрэ конференцыр зытраухуа Iуэху­гъуэм­ мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщри, жиIащ а унэтIыныгъэмкIэ егъэджэныгъэ Iуэхур адэкIэ яубзыхунымкIи ар щхьэпагъышхуэ зыпылъ щIэныгъэ зэхыхьэу зэрыщытыр.
«Санаторэхэм цIыхухэм я узыншагъэр щызэфIэгъэувэжыным, щегъэфIэкIуэжыным бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхуэгъуэтын Iуэхум нобэрей конференцым хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуищIынущ. IэнатIэм щылажьэ дохутырхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ абыкIэ щыIэ гугъуехьхэр зэфIэхынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къагъэнэIуэну сыщогугъ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм IуэхугъуэщIэхэм утезыгъэгушхуэ гупсысэхэр къыхыбох, зыужьыныгъэм ухуэзышэ дэтхэнэ  зы жэрдэмри сэ дэсIыгъыну сыхьэзырщ», - жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
КъБКъУ-м и медицинэ академием и пэIущIэ пэшым щекIуэкIащ санаторэ-курорт IэзэкIэм иджырей медицинэ IэмэпсымэщIэхэр къызэрыщагъэсэбэпым теухуа мастер-классхэр. 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: