ЛъыпскIэ гъэнщIауэ екIуэкIа илъэсищэ зауэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ куэдым иджыри нэсу дыщыгъуазэкъым. А щхьэусыгъуэр къыхалъытэкIэрэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъЧР-м щылажьэ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм IуэхуфI зэфIихауэ щытащ. Лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм къызэригъэпэща «Circassia TV» проектыр къагъэсэбэпу, щIалэгъуалэр адыгэм и тхыдэ гуауэр къэтIэщIыным иужь ихьащ. А лэжьыгъэм щыщ IыхьэфIщ мы тхыгъэр зытеухуар.
Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр къыщыхъуащ Кавказ зауэр щекIуэкIа лъэхъэнэм, нобэрей Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ щIыпIэм деж - Ахъмэтыбг и лъапэм...
Урысейм Къэбэрдейр къизэуа нэужь, щIыпIэм щагъэува хабзэм еувэлIэн ямыдэу, къэбэрдеипщхэу Ажджэрий и къуэ Кушыкурэ Къэрэмырзэ Алийрэ я цIыхухэр я гъусэу щэхуу Хэкум икIуэсыкIри, Кавказым и КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуат, я цIыхухэмрэ езыхэмрэ нэхъ хъума хъун папщIэ.
Ажджэрий Кушыку Хуарзэ псыщхьэр тIысыпIэ ищIащ, Къэрэмырзэ Алий Лабэпсым зэпрыкIри, Ахъмэтыбгым щIэтIысхьащ. Кушыкупщ хуэдэу, Алии зи лIыгъэрэ зи хахуагъэрэкIэ цIэрыIуэ хъуа, щытхъурэ щIыхьрэ зи джатэкIэ къэзызэуа зауэлIт. Абы и гъусэу а къуажэм дэст адыгэхэм «шыщхьэмыгъазэ» зыфIаща уэркъ Щоджэн Шумахуи. Ахэр зыдэтIысхьа быдапIэм къыдэкIыурэ я дзэхэр я гъусэу пащтыхьыдзэм езауэрт. Урыс пащтыхьым и жыIэ щIэувэн ядэртэкъым, Тыркуми икIыну хуейтэкъым. Арати, урыс пащтыхьым екIуну хуэмей Къэрэмырзэ Алий и къуажэр зэтриукIэну мурад ищIащ «генерал плъыжькIэ» адыгэхэр зэджэу щыта Вельяминов Алексей. Къарэмырзэ Алий и къуажэр а генерал плъыжь лъыифым зэрызэтриукIауэ щытам урысхэр а зэман дыдэм тетхыхьыжауэ щытащ. Мыращ абы итыр: «Гъатхэм, зы вагъуэ закъуи къэмыблэу Кавказым къыщыхъу жэщхэм ящыщ зым, нэхъ тэмэму жытIэмэ, 1825 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м, адыгэхэр гущIэгъуншэу зэтезыукIа Ермоловым и унафэкIэ, «генерал плъыжькIэ» адыгэхэр зэджэу щыта Вельяминовым и дзэ фIыцIэр лъэсырызекIуэу батальонищ, топ 18, кавказ лъэпкъхэу, кубань лъэпкъхэу, къэзакъхэу зэхэту полкитI Псыжь зэпрыкIщ, Къарэмырзэ Алий и къуажэм екIуалIэри, уэздыгъей мэзым щIэтIысхьащ. Дзэм къыпэщылъ къалэным хэзыщIыкIыр генерал плъыжьым и закъуэт. Ауэ Iуэхур зытетым дзэм хэт адыгэ зыбжанэм гу лъатащ. Дзэм загъэпсэхуу мэзым здыщIэсым, адыгэхэм ящыщ зы яхэкIуэсыкIри, Алий и къуажэм кIуащ. ЦIыхухэр гъуэлъыжауэ жэщыбгым нэсщ, Къарэмырзэм и щхьэгъубжэм теуIуэри, къыщIишащ. «Сэ урысыдзэм къулыкъу щызощIэ, ауэ уи къуажэм дэс сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ сфIэгуэныхь мэхъу. Уи цIыхухэр ажалым къегъэл, нобэ е пщэдей дзэр къыфтеуэнущ. Генерал плъыжьым дзэ къывишэлIауэ уэздыгъей мэзым щIэсщ», - жиIащ къэкIуам. «Уэ ухэт?», - жиIэри, Алий еупщIащ а къэкIуам. «Сэ беслъэней уэркъхэм сащыщщ, си цIэр Кърымджэрийщ, Дохъушокъуэхэ сащыщщ. Пэжщ бжесIар, адэкIэ уэ узэрегуакIуэщ», - жиIэри, IукIыжащ.
Къарэмырзэм а сыхьэтым жылэр къызэхуишэсри, хъыбар яригъэщIащ. АрщхьэкIэ, унэхъуным и тхьэкIумэм кIий-гуо макъ иIуэжыркъым жыхуаIэрати, лIыжьхэм ядакъым: «Апхуэдэу жаIэурэ дапщэрэ пцIыкIэ драгъэжьэжа», - жаIэри.
МыдэкIэ, Дохъушокъуэм дзэм и деж къигъэзэжа нэужь, Къарэмырзэм жриIар и фIэщ мыхъуауэ гугъэ ищIри, генералым жриIащ: «Генерал, Къарэмырзэ и къуажэм сыплъати, зыри дэсыжу слъэгъуакъым. Къэбэрдейхэр къуршым ихьэжащ». Ауэ абы генералым жриIэм къедаIуэу щыт Щауэгъурым (ари адыгэу а дзэм хэтт) генералым бгъэдыхьэри, еIущэщащ: «Уи фIэщ умыщI, генерал, Дохъушокъуэм жиIэр, ар пцIыупсщ, бзэгузехьэщ. Сэ иджыпсту къуажэм сыкIуэнщи къэсщIэнщ», - жиIэри, шэсащ.
ЕтIуанэ махуэм и пщыхьэщхьэм Щауэгъурым къигъэзэжащ, къуажэр мыхъеяуэ и пIэм зэрисри генералым жриIащ. Дохъушокъуэр ягъэтIысащ. А жэщ дыдэм генерал плъыжьым и къэзакъ шуудзэр Бекович-Черкасскэ Фёдор Александрович и IэмыщIэ ирилъхьэри иутIыпщащ, икIэщIыпIэкIэ Къарэмырзэ Алий и къуажэр къидзыхьыну, лъэсыдзэхэмрэ топхэмрэ нэсыху зыри къыдимыгъэкIыу иIыгъыну.
Бекович-Черкасскэр адыгэпщ Елмырзэхэ ящыщт. Беслъэн пцIапцIэ и лIакъуэхэм къатепщIыкIат, и цIэ дыдэр Темырболэтт. Ар езыр адыгэ щхьэкIэ, урыс пащтыхьым гухьауэ адыгэхэр къизэут, гущIэгъуншагъкIэ и тепщэ генералхэм ящхьэпрыкIыжауэ лъакъуащхьэкIэ лъым хэту, сабийхэри цIыхубзхэри зэтриукIэрт. Бекович-Черкасскэм Къэрэмырзэ и къуажэр къидзыхьауэ нэху къекIащ. Иужь иту къакIуэ дзэхэмрэ топхэмрэ пэмыплъэу лъы гъэжэным зи гур хуэлъэ, генералхэм я пащхьэ фIыщIэ щылъыхъуэ Бекович-Черкасскэр нэхущым къуажэм теуащ. Унэхэр ягъэсу, джанэ пцIанэу къыщIэкIхэр яукIыу дзэр жылэм дэзэрыгуащ. Къуажэм и лъэныкъуищыр дзэм яубыдати, къыдэкIыпIэ иIэтэкъым. ЕплIанэ лъэныкъуэр бгыщыхут, ищIагъым Лабэ щехыжти, фызхэмрэ сабийхэмрэ гужьеяуэ абы елъэурэ, Лабэпсым куэд итхьэлащ. Къэрэмырзэ Алий и пщIантIэм осетин майор Дадымовыр шууэ дэлъэдащ. А дакъикъэм Алий къэптал пцIанэу, фоч иIыгъыу бжэщхьэIум къытеувэри, тIуми я фочхэр ягъэуащ.
Майорым и шэр Алий и нэщIащэмкIэ щытехуэри, и щхьэщIыбымкIэ щыпхрыкIащ, и унэм щIэукIуриежу. Шыщхьэмыгъазэ зыфIащауэ щыта Щоджэн Шумахуэ илъэсищ зи ныбжь и къуэ Исмэхьилрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа и фоч нэхъыфIымрэ къэзакъхэм яIэримыгъэхьэн папщIэ, зэкIэрипхэри, «ДыкъэзыгъэщIам урианэмэтщ» жиIэри, Лабэ и нэпкъ задэм иридзыхащ. Къигъэзэжри, и фыз уэндэгъушхуэр Iэ лъэныкъуэкIэ иIыгъыу, адреймкIэ зауэурэ къуажэм къащыфIыдэкIым, тIури яукIащ. Ипхъу Гуащэхъурей, зи шэгъуэ дахэр, къэзакъхэм яубдри, яукIыжащ. Къэзакъхэм къуажэр ягъэсащ, цIыхухэр зэтраукIащ, мылъкур зэрапхъуащ. Iэщышхуэрэ шыуэ мини 4, дыщэ, дыжьын куэд зэрапхъуащ. ЦIыхуи 139-рэ гъэру, нэхъыбэр сабий, цIыхубз, лIыжь-фызыжьу яубыдри, сэлэтхэм пщылIу хуагуэшащ.
ЕтIуанэ махуэм къуажэ гъунэгъухэр къызэхуэсри, хьэдэ миным щIигъу щIалъхьащ. Бекович-Черкасскэм и дзэр щIыпIэ шынагъуэм къикIыжа къудейуэ Къейтыкъуэ Жамболэтрэ Ажджэрий Кушыкурэ я дзэхэр я гъусэу къэсат, арщхьэкIэ къуажэм сахуэ фIэкIа зыри къыхэнэжатэкъым. Апхуэдэу гущIэгъуншэу зэтраукIауэ, зэтрагъэсхьауэ щытащ Лабэ Iуфэ Iусу Ахъмэтыбгым и лъапэм щIэса Къарэмырзэ Алий и къуажэшхуэр.
Щоджэн Шумахуэ и къуэ цIыкIу Исмэхьил - и фочым кIэрипхэу Лабэ бгы нэпкъым иридзыхауэ щыта сабийр - махуищ дэкIауэ псэууэ, ауэ мэхауэ жыг къудамэм фIэлъу къагъуэтыжри къыфIахыжащ.
КъеттхэкIа хъыбарыр зыIуэтэжауэ щытар КъардэнгъущI Зырамыкущ. Абы ар къыжраIэжащ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) адыгэ къуажэжьым щыщ Нэхущ БетIал, Гуэгуш Ахьмэд, Нэней ФуIэд, Жу Iэюб сымэ.