ПсэукIэр зэрефIакIуэмрэ зыужьыныгъэмрэ къыхэщу

УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Кремлым щызэхуэзащ. Ди республикэм и уна­фэщIым Президентым жриIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыщы­хъур. 

ЩIыналъэм и макроэкономикэ зыу­жьыныгъэр ипэкIэ мэкIуатэ. Валовэ щIыналъэ продукту нэгъабэ сом мелард 291-рэ и уасэ къэдлэжьащ, ар 2022 гъэм еплъытмэ, проценти 105,4-рэ мэхъу. Мы гъэм ВРП-м къыщIэкIыр сом мелард 320-м нэсыну хуагъэфащэ. Республикэм и бюджет зэхэлъым къита хэхъуэр 2023 гъэм сом мелард 70 ирикъуащ, ар тIукIэ нэхъыбэщ 2018 гъэм елъытауэ. ЩIыналъэм езым и хэхъуэр сом мелард 12-у щытамэ, иджы 18 хъуащ, бюджет зэ­хэлъыр сом мелард 24-м щIегъу. А псом я фIыгъэкIэ псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэным ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд щызэфIагъэкI хэгъэгум, абы хохьэ иужьрей илъэсищым бюджет IэнатIэм щылажьэхэм я улахуэр зэрыхагъахъуэр. Мы илъэсым шыщхьэ­уIум и 1-м щегъэжьауэ иджыри хагъэ­хъуэну я мурадщ. 
КъБР-м и мылъку нэхъыщхьэм нэгъабэ инвестицэу къыхалъхьащ сом мелард 68-рэ, ар 2022 гъэм еплъытмэ, проценти 8,5-кIэ нэхъыбэщ. Мылъку зыбгъэ­дэлъхэм я ахъшэр нэхъыбэу зыхалъхьэр туризм, мэкъумэш, промышленность, ухуэныгъэ IэнатIэхэращ. 
УФ-м и Президентым гулъытэ нэхъ зыхуищIар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зэрызрагъэужьыну программэм хэт инвестицэ проект нэхъ инхэрщ. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ «Iуащхьэ­махуэ» зыгъэпсэхупIэм, IT-паркым, Тырныауз горнообогатительнэ комбинатым, КИФЩ-Iм щынэхъ ин дыдэ хуабэщ зэхэтым, Налшык хьэблэ инитI зэрыщаухуэм. 
Нэгъабэ ди республикэм зыгъэпсэ­хуакIуэ къэкIуащ цIыху мелуан 1,5-рэ, ар процент 26,3-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ. Иужьрей илъэситхум щIыналъэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр хуэди 2,7-кIэ хэхъуащ. 2030 гъэм ирихьэлIэу, туристхэм я бжыгъэр мелуани 2,5-рэ хъуну хуагъэфащэ. Iуащхьэмахуэ лъапэ зи мылъку хэзылъхьэхэм сом мелард 39-рэ и уасэ ухуэныгъэ ящIыну я мурадщ.
IT-парк утыкуитIым къыщызэрагъэпэ­щыну яубзыхуащ - Бэрбэчым и цIэр зезы­хьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал уни­верситетымрэ КIуэкIуэм и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и гъунэгъуу ящI унэ зэте­тымрэ. Инновацэ IуэхущIапIэхэр къызэ­Iуахынущ, абыхэм цIыху 450-рэ щылэжьэнущ. 
Экономикэм и зыужьыныгъэм лъабжьэ хуэхъу IэнатIэхэм ящыщ зыщ ухуэныгъэр. 2024 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-­Балъкъэрыр хабжащ Урысейм ухуэныгъэ нэхъыбэ дыдэ щекIуэкI и щIыналъэхэм ящыщу пщIым. А унэтIыныгъэм псэукIэр ирегъэфIакIуэ, лэжьапIэ IэнатIэхэр къет, республикэ бюджетым халъхьэ налогыр нэхъыбэ ещI. 
Лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ ­лъабжьэр зэпэщ ящI. Медицинэ IуэхущIапIэу 4 яухуащ, тIур зэрагъэпэщыжащ, амбулаторэу 8 ящIын ирагъэжьащ. Поликлиникэ къудамэу 21-рэ зыхуей хуа­гъэзэжащ, иджы­ри 18-м лэжьыгъэр щокIуэкI. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм къыщагъэсэбэпыну Iэмэпсымэу 217-рэ къащэхуащ, машинэ 60 къаIэрыхьащ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм Президентым фIы­­щIэ хуищIащ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщыр зыхуей хуагъэ­зэ­жыным те­кIуэ­дэну мылъкур республикэм къы­зэ­ры­хуаутIыпщам щхьэкIэ. Иджыри сымаджэщ 26-рэ зэрагъэпэщыжыну, амбулаторэ 19, ФАП-у 3, стационару 4 ящIыну я мурадщ. 
КIуэкIуэ Казбек Путиным фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ медицинэм и лэжьакIуэхэм ядэIэпыкъуну жэрдэм къызэрыхилъхьам щхьэкIэ. Ди республикэм ­щыщу IэщIагъэлI 5384-м федеральнэ бюджетым къыхэкIыу я улахуэм худы­щIагъуащ, республикэ мылъкум щыщу яIэрохьэ цIыху 1500-м. Ар сэбэп хъунущ районхэм щримыкъу дохутырхэр гъэ­кIуэнымкIи. 
Егъэджэныгъэ IэнатIэм и гугъу щищIым КIуэкIуэм жиIащ илъэси 5-м къриубыдэу республикэм школ 15 зэрыщау­хуар, иджы­ри 10 зэращIыр. ЕджапIэ унэу 65-рэ зыхуей хуагъэзэжащ, дызыхуэкIуэ илъэси 3-м иджыри еджапIэ 57-рэ зэрагъэпэщыжынущ. Республикэм и Унафэ­щIым Президентым фIыщIэ щIахуищIахэм ящыщщ класс унафэщIхэм я улахуэм зэрыдащIыгъуари, ди хэгъэгум щыщу цIыху 4052-м къаIэрохьэ апхуэдэ ахъшэ. 
Гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я уна­гъуэхэмрэ защIэгъэкъуэныр. Абы папщIэ Президентым къигъэлъэгъуа лъэныкъуэ псоми жыджэру иужь итщ щIыналъэр. ЩIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зы­хуей дэIэпыкъуныгъэр ягъуэт «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» фондымкIэ. 
КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ сабий зеиншэхэм псэупIэ етыным, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным. А псомкIэ сэбэп мэхъу лъэпкъ проектхэр, Урысей Федерацэм и Праительствэмрэ министерствэхэмрэ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм УФ-м и Президент Путин Владимир фIыщIэ хуищIащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум, жэрдэм щхьэпэхэр къызэры­хилъхьэм папщIэ. «Ди Пашэм пщэрылъ къытщищI псори гъэзэщIа хъунущ Къэ­бэр­дей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэр ди дэIэпыкъуэгъуу», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Поделиться: