Iуэху пщIыр Iуэху мэхъуБухгалтеру лэжьа АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, «SaiJamin» зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр мы зэманым цIэрыIуэ хъуащ. ЦIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэхьэзыра лэжьыгъэхэр абы щигъэлъэгъуауэ щытащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм. Абы утыку къыщрихьа щыгъынхэр къытрадзэжат L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм… Нэхъ и пэкIэ мастэрэ Iуданэрэ зымыIыгъа хъыджэбзым лъэпкъ хабзэмрэ иджырей модэмрэ щызэхэухуэна щыгъынхэр идыну япэу игу къыщыкIар Тбилиси зыгъэпсэхуакIуэ кIуауэ зы шоу-рум гуэрым ирихьэлIа нэужьщ. ДизайнымкIэ москва академием къызэригъэпэщ курсхэм я зым ар щеджащ, икIи зы илъэсым къриубыдэу эскиз ищIу зригъэсащ, дэным, маркетингым, нэгъуэщIхэми щыгъуазэ захуищIащ. А псом щыхуеджэр сабийхэр игъэжеижа нэужьт. - Сыт щыгъуи щыгъын дахэхэр сфIэфIт, уеблэмэ сэ зесхьэхэр къэхъурт дизайнерхэм я деж къыщысщэху. Ауэ зэи сигу ирихьу щытакъым цIугъэнэхэр. Арати, сегупсысащ егъэлея зыкIэрымылъ ди лъэпкъ фащэр иджырей дизайным къыщызгъэсэбэпыну, - жеIэ АфэщIагъуэм. - Куржым цIыхубз бостейхэр хьэзыркIэ ягъэдахауэ зэрыщыслъэгъуар къэсщIэжри, абыхэм къащхьэщыкIыу, сэ а пкъыгъуэхэр Iэщхьэми, бостеикIэхэми, уеблэмэ бэлътоми къыщызгъэсэбэпащ. ЦIыхубз фащэм и Iэщхьэтелъым хуэдэкIэ гъуэншэдж зыпыт кIэстумыр иризгъэдахащ. Апхуэдэу си диплом лэжьыгъэр - Circasso - згъэхьэзырауэ щытащ. Абы щыгъуэм къызжаIат иджырей фэилъхьэгъуэхэм лъэпкъ дамыгъэхэр хэухуэнауэ дыныр зэи модэм зэримыкIынур. Джамилэ лъэпкъ дамыгъэхэмрэ хэдыкIыкIхэмрэ я закъуэкъым тегъэщIапIэ ищIыр, ар нэхъыбэу зыхэтыр иджырей щыгъынхэм лъэпкъ гупсысэ, хабзэ, щэн къызэрыщигъэлъэгъуэнырщ. - Псом япэу щIэупщIэшхуэ зыгъуэтар «Iуащхьэмахуэ» зыфIэсща фэилъхьэгъуэхэрщ (20 хъурт). Ахэр гуп зэщIэзгъэуIуам и гъусэу тхьэмахуитIым и кIуэцIкIэ хуэдгъэхьэзырат Mercedes-Benz Fashion Week Russia Iуэхум. Зэпеуэм и саугъэтыр къэсхьын дэнэ къэна, си гугъатэкъым си лэжьыгъэхэр кIуэцIрыкIыну. Апхуэдэ гулъытэ сызэриIам дамэ къыстригъэкIат, - жеIэ хъыджэбзым. Абы къыкIэлъыкIуэу АфэщIагъуэр ирагъэблэгъащ Езанэ каналымкIэ екIуэкI «Модный приговор» нэтыным икIи и фэилъхьэгъуэу 8 утыку щагъэлъэгъуащ. Фэилъхьэгъуэхэм ятеухуауэ Джамилэ триха видео кIэщIри абдеж къыщагъэлъэгъуащ, езыр Iуэхум хэтыну кIуэфатэкъыми. Джамилэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэр адрей дизайнерхэр зэрылажьэм къащхьэщокI - псом япэ ар щэкIым йоплъ, абы къыхищIыкIыну фэилъхьэгъуэр и нэгу къыщIегъэувэ. ИтIанэщ эскизым щетIысылIэр. Бзылъхугъэм и фэилъхьэгъуэхэр ягу зэрыдыхьэр нэрылъагъу ещI езым и щэхуакIуэхэр иIэ зэрыхъуам. Псалъэм папщIэ, «SanJamin»-м и фэилъхьэгъуэхэр ящэхуащ куржы, урысей уэрэджыIакIуэ Топурия Кетирэ, телевиденэм нэтын щезыгъэкIуэкI Лопырёвэ Викторие, стилист, блогер Аветисян Гоар, актёр Гонсалвес Карен сымэ. - Гонсалвес Карен си щыгъынхэм щыщ щыгъыу зытригъэха сурэтыр и напэкIуэцIым фIыщIэ псалъэхэр и гъусэу къыщрилъхьам, си фIэщ хъуатэкъым, апхуэдизкIэ ар си гуапэ хъуати. АдэкIи сыхуейщ мы си Iуэхум зезгъэужьыну, ди цIэр нэхъыбэм зэхахыну», - къыхегъэщ Джамилэ. Мы зэманым АфэщIагъуэм и студием щыплъагъуну фэилъхьэгъуэхэм я нэхъ пуд дыдэм сом мини 9 и уасэщ, нэхъ лъапIэ дыдэм - сом мин 40. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дизайнерыр ирагъэблагъэ хъуащ Дубай, Италием, Франджым модэмкIэ зэхыхьэ къыщыщызэрагъэпэщхэм. Езым и хъуэпсапIэхэм ящыщщ и IэдакъэщIэкIхэр Тбилиси щекIуэкI шоу-румхэм щигъэлъэгъуэныр, дауэ мыхъуми, абдежщ а IэщIагъэм елэжьын гупсысэр къыщыщыушар.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 →
НОБЭ
07.08.2026 - 17:33 →
Дуней псом и теплъэхэр
| ||




