Сэ иджыри сыпсэуну сыхуейщ

Хэку зауэшхуэм цIыхум къахуихьа гузэвэгъуэмрэ ТекIуэныгъэм къарита гушхуэныгъэмрэ пхуэмыIуэтэщIыну инщ. Ар зи нэгу щIэкIахэм, абы ижь бзаджэр зылъэIэсахэм нобэр къыздэсым къаIуэтэж а лъэхъэнэхэм цIыхубэр зыхэта бэлыхьлажьэм, къахуихьа щыщIэныгъэхэмрэ хэщIыныгъэхэмрэ я гугъур. Ар икIи гурыIуэгъуэщ – мелуан пщIы бжыгъэкIэ цIыху гъащIэр зэщIэзыкъуа зауэжьым имыгъэгуIа, ар зи унэ имыхьарэ зи лъэпкъ хэмыIэбарэ къэгъуэтыгъуейщ. Щхьэж хузэфIэкIыр хилъхьэу, ТекIуэныгъэр гъунэгъу къызэращIыным цIыху цIыкIур телэжьащ, езыхэм я псэр халъхьэми, къащIэнэ щIэблэм я дунейр мамыр зэрыхъуным щIэхъуэпсу илъэсхэр ягъэкIуащ.

И хьэкъыпIэкIэ жыпIэмэ, псэуну хуэмей щыIэкъым, гъащIэм зезымышэкI цIыху дунейм теткъым. Унагъуэ гуфIэгъуэм зыхигъэфIыхьу, зыпэрыт IэнатIэм щыгуфIыкIыу щыIэныгъэм хэтыну хэти хуейщ. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ блэкIа зауэжьым а гуращэм иIа лъэщагъыр зыхуэдизыр – мамырыгъэм щIэхъуэпсу, псэ зыIутыр гугъэм иIыгъыу, нобэ мыхъумэ, пщэдей мы зауэ угъурсызыр увыIэнкъэ, жаIэу зэрыгъэгушхуэжу… А гупсысэхэм я гуащIагъэр зыхыуегъащIэ гъащIэм и мыхьэнэр зыуигъэгъэзахуэу, абы пщIэ хуэщIыныр зэрыIэмалыншэр къыуигъащтэу иджыблагъэ утыку ирахьэну ягъэхьэзыр ныбжьыщIэ гъэлъэгъуэныгъэм.

«Сэ иджыри сыпсэуну сыхуейщ» - аращ зэреджэр ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу «ГушыIакIуэ» театр студием и джэгуакIуэхэмрэ КъБКъУ-м и «Iупхъуэ» студент театрым хэтхэмрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра теплъэгъуэм. Ар тращIыкIащ Никольскэ Людмилэ «Псэууэ къэнэн хуейщ» зыфIища повестымрэ Шестинский Олег и «Блокадэ Iуэтэжхэмрэ» къыщыкIуа Iуэхугъуэхэм. Гъэлъэгъуэныгъэр зыгъэувари абы щыджэгухэм я художественнэ унафэщIри Дохъушокъуэ Мадинэщ.

Теплъэгъуэр теухуащ зауэ илъэсхэм бийм къитIысыхьа Ленинград къалэм къыдэна сабийхэм ятелъа бэлыхьхэм, мэжэщIалIагъэмрэ хьэзаб мыухыжхэмрэ якъузу зэрыпсэуам, щIэх дыдэ балигъыпIэм иувэу ахэр зыпэщIэт хьэлъэхэм зратын хуей зэрыхъуам. Шэч зыхэмылъыжращи, балигъым зыхимыщIэм щIипIытIэу, къалэдэс цIыкIухэм гугъуехь я нэгу щIэкIащ. Дохъушокъуэ Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, гъэлъэгъуэныгъэр зи гум темыIэбэн, еплъауэ ар зыхэзымыщIэн щыIэкъым. «Теплъэгъуэм къедгъэубыда Iуэхугъуэхэр Ленинград къалэм къыдэна сабийхэм ятеухуами, зауэм зеиншэ ищIа, зыщIэсын зимыIэу уэрамым къыдина, псэуныгъэм къыхуеIэу дунейм ехыжа цIыкIу псоми ехьэлIащ, абыхэм я фэеплъщ. Сабий нэпсыр щыщIамыгъэкIа щIы кIапэ хэгъэгушхуэм иIакъым. Ар дигу илъу дгъэуващ теплъэгъуэр. ТекIуэныгъэм и махуэм дгъэлъэгъуэнщ жытIэу депIэщIэкIыу ар дгъэхьэзырат 202I гъэм мазаем и 23-м ирихьэлIэу. Дыджэгуащ, ауэ утыкушхуэм итхьэну дыхунэсакъым – ковид уз зэрыцIалэр цIыхум къахьэри, псори ужьыхащ, сыт хуэдэ гуращэ димыIами, дахунэмысу къэувыIащ. Иджы щIэрыщIэу дыхэплъэжауэ, дигу зыхуэнэмыса гуэрхэр зэдгъэзэхуэжауэ, джэгукIэм хэлъын хуей драмэм нэхъ текъузауэ теплъэгъуэр утыку къыдохьэж. Гъэлъэгъуэныгъэр КъБКъУ-м Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэ и пэшышхуэм щекIуэкIынущ, деплъащэрэт, жызыIэ дэтхэнэри ди гуапэу къыдогъэблагъэ», – жиIащ Дохъушокъуэм.

Театр унафэщIым зэрыжиIэмкIэ, ныбжьыщIэхэм къалэнышхуэ я пщэ дэкIащ. Абыхэм къагъэлъэгъуэн хуейт зауае илъэсхэм цIыхухэм яIа зэхэтыкIэр, абыхэм ящхьэщыта гузэвэгъуэм и IэмалщIапIэншагъэр. «Зыгуэр бгъэлъэгъуэн щхьэкIэ, зыгуэрым утепсэлъыхьыным хуэдэ дыдэу, ар уи нэгу къыщIэбгъэхьэфу ущытын хуейщ. Иджырей дунейм халъхуахэм, Тхьэм яримыгъэлъагъу, зауэр яцIыхуркъым, мамыру мэпсэу. Ауэ блэкIар умыщIэмэ, ар къэзыIуэтэж тхыдэ тхыгъэхэмрэ хъыбархэмрэ защумыгъэгъуазэмэ, а бэлыхьлажьэр цIыхум къахуэзыхьа гъуэгум утеувэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Сакъын хуейщ. Сценарийм ипэ къихуэу, Никольскэ Людмилэрэ Шестинскэ Олегрэ я IэдакъэщIэкIхэм зэ еджэгъуэкIэ псори зыщыдгъэгъуэзащ, иужькIэ макъкIэ зэпэддзыжу деджащ, итIанэ дытепсэлъыхьыжащ. ИтIанэщ сценарийм и гъэувыным иужь дыщихьар, иужькIэщ абы къыпкърыкI акъужьым хэлъ щабагъ-пхъашагъ псори зыхэтщIэу дыщыхуежьар. Къапщтэмэ, мыбы нэхъ етауэ дылэжьами, апхуэмыдэу зы теплъэгъуи дэ утыку къитхьэркъым. Ди репертуарыр цIыкIукъым, артист ныбжьыщIэ куэд диIэщ. Си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейт ди театрым хэтхэм я нэхъыбэр сабий дыдэу къызэрытхыхьэгъар, нобэ балигъыпIэм иувауэ «Iупхъуэ» студент театрым зыщагъэлъагъуэу дызэригъусэр. Дахагъэм гъуэгу езытым, цIыхум и гумэщIыгъуэхэм гууз-лыуз хузиIэм, гъащIэмрэ псэуныгъэмрэ пщIэ хуэзыщIым уеувалIэ, ныбжьэгъу-цIыхугъэ пщIы хъунущ, абы укъигъэпэжынущ, и щIыб къыпхуигъэзэнукъым. Апхуэдэ цIыхури къызыхэкIа лъэпкъым зэи епцIыжынукъым. Дэ ди театрым хэт дэтхэнэри апхуэдэщи, си щхьэр лъагэу иризолъагъуж абы»,- жиIащ Дохъушокъуэ Мадинэ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: