Адыгэ пшынэр щIыгъущ

Адыгэ пшынауэ Iэзэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр (Михаил) и сабиигъуэм щегъэжьауэ пшынэр и Iэпэгъущ. Къуэдзым игъэсащ пшынауищэм щIигъу, абыхэм къахэкIащ республикэм и гулъытэ зыхуагъэфэщахэри. Къуэдзыр сабийхэр пшынэм хуэгъэсэнымкIэ УФ-м и «Макъамэ» ансамблым и художественнэ унафэщIщ.

Къуэдз Абубэчыр цIыхухэр МихаилкIэ къеджэ щIэхъуам хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. 

- 1965 гъэм «Кабардинка» ансамблым лэжьэн щыщIэздзащ. 1968 гъэм ди радиом срагъэблэгъащ, си къафэхэр ятхыну. Сэ абы егъэлеяуэ сыщыгуфIыкIат, сыту жыпIэмэ япэхэм ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Къашыргъэ КIурацэ сымэ радиом къатырейти, сехъуапсэрт. Сэкрэк Хьэсэн абы щыгъуэ макъамэмкIэ редакторт.  Къафищ ятхауэ щытащ: лирическэ макъамэ, Къуэдзым и къафэр, нэгъуэщI зы къафэжь. Лирическэм нэмыщI, мыдрей макъамитIыр сэ къэзгупсысащ. Макъамэхэр ятха нэужь, Хьэсэн къызэупщIащ къызэрызэджэмкIэ. Сэ радиом сызэрыщыIэм, си къафэхэр зэратхым апхуэдизкIэ пIейтей сищIати, си цIэр жысIэн хуейуи семыгупсысу, «Уэрей сымыщIэ, Мышэ цIыкIу жаIэ» жесIащ. Езыми «хъунщ» жери сыкъыщIигъэкIыжащ. Пщэдджыжьым радиом къет: «Къуэдз Михаил игъэзащIэу къафэ федаIуэ». Арати, радиом Къуэдз Михаилу сыкъит хъуащ. Нэхъапэхэм «Кабардинкэм» гонорар къыщызатхэм деж, си паспортым ит цIэмрэ зыфIэсщыжамрэ щызэхэзэрыхь щыIэти, абы нэхъ гугъу сригъэхьырт. Ауэ куэд дэмыкIыу пощтымкIэ сыкъащIэри, абыи и ягъэ къызэкIакъым, - жеIэж езым.

1987 гъэм «Кабардинкэ»-м къыхэкIыжри, творчествэмкIэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я унэм «Нал цIыкIу» къэфакIуэ гупым и пшынауэу лэжьэн щыщIидзащ. 1994 гъэм а IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэщащ «Макъамэ» пшынауэ гупыр. «Кабардино-Балкарская неделя» газетым хъыбарегъащIэ къытрадзэри, Михаил и деж пшынэ еуэну ехъуапсэ цIыкIухэр кърашэлIащ. 

 - ЩIэдзапIэр гугъут, ауэ дыпэлъэщащ. Япэ дыдэу пшынауэ 33-рэ зы макъамэ еуэу утыку къыщитшам псоми ягъэщIагъуэрт – нэхъапэкIэ апхуэдэ къэхъуатэкъым. Ефэнды Джылахъстэн щэнхабзэмкIэ ди министырт абы щыгъуэ. Апхуэдиз пшынауэ зэтехуэу къафэхэм екIуу еуэфу зэрыдгъэсар телъыджэ щыхъуат, щытхъуи къытхужиIат. Мис абы щыгъуэ «Макъамэ» гупым пшынэ еуэнымкIэ цIыхубэ ансамбль къытфIащащ, - игу къегъэкIыж Михаил.

 И нитIым имылъагъуу зы хъыджэбз къашащ зэгуэр Къуэдзым и деж. Пшынэ IэщIилъхьэри, зы макъамэ иригъэлъэгъуащ, пшынэ Iэпэхэр и IэпхъуамбэхэмкIэ къригъэбжащ. «Сэ пшынэ плъыжьт сызыхуейр, мыпхуэдэтэкъым», - жиIащ хъыджэбз цIыкIум. Михаил Владикавказ, пшынэ къыщащэху фабрикэм, псалъэри пшынэ плъыжь иригъэгъэтIылъащ, етIуанэ махуэм нэсри къищтэжащ.  Хъыджэбз цIыкIур етIуанэу къыщыкIуам «мис мыпхуэдэ пшынэщ сызыхуейр» жиIэри арэзы хъуат.

Адыгэ щыпсэу хамэ къэралхэм «Макъамэ» пшынауэ гупыр фIыуэ къыщацIыху. Сирием, Иорданием, Тыркум зэкIэлъыпыту тIэу щыIащ пшынауэхэр.  Къуэдзым зэрыжиIэмкIэ, псом хуэмыдэу ягу къинэжащ адыгэхэр куэду щыпсэу Къайсэр къалэм «Макъамэ» гупыр зэрыщыIар, ди лъэпкъэгъухэм къраха хьэщIагъэр.

 Къуэдз Абубэчыр езыр-езыру зригъэсэжащ пшынэ еуэным, нотэ ищIэркъым. Илъэс 13 щыхъум нэхъ тегушхуауэ зрипщытащ IэщIагъэ хуэхъуам.

- Пшынэ сиIакъым зыкъомрэ. Ди анэрат япэ пшынэр къысхуэзыщэхуар, ауэ си пшынэ еуэ макъ абы зэи зэхихакъым. Зэрэ-тIэурэ къасщтэщ, сриджэгу хуэдэу сIыгъри, щIалэ цIыкIу джэгум сахыхьэжат. Пшынэр къысхуищэхури, илъэс дэмыкIыу, сымаджэ хъури, дунейм ехыжащ.  Си анэр Зеущэхэ япхъущ. Зэшыпхъуитху хъурти, псори Къулъкъужын дэст. Илъэс дэкIа нэужь, ди анэ шыпхъухэр къэкIуащ. «Ягъэ кIынкъым, уи анэм и фэеплъщ, пшынэр IэщIыб умыщIу зэгъащIэ», - къызжаIащ. Сэ макъамэхэр гукIэ сщIэрт, семыуэ пэтми. Си къащтэжи, си еуи зы сщIащ. «Согъэджэгум" и етIуанэ Iыхьэр къизгъэкIат занщIэу. Абдежым щыщIэздзэри пшынэ сеуэ хъуащ, щызэпызгъэуаи къэхъуакъым. «Къуажэм пшынауэ Iэзэ къыдэхъуащ», жаIэу сыкърашэкIынтэкъэ! Нэхъ пасэхэм хьэгъуэлIыгъуэр зэхэтт жэщибл-махуиблкIэ жыхуаIэм хуэдэу. Жэщым хьэгъуэлIыгъуэм сыхэтрэ, Iуэхур зейм я деж сикIыу пщыдджыжьым школым сыщыкIуа куэдрэ къысхуихуащ, - игу къегъэкIыж пшынауэм.

 Къуэдзым зэхилъхьа макъамэхэм хъыбар гъэщIэгъуэн зиIэ яхэтщ. Абыхэми я гугъу къытхуищIащ.

- Япэ дыдэу зэхэслъхьар «Къуэдз къафэрщ». Абы хъыбар иIэщ. Си къуэш нэхъыжьым къэфэн фIэфIт. «Борис фIэкIа къыдэмыфэу зы къафэ къысхуэгъуэтамэ арат», жиIэу си гур пэщащэрт. Ауэрэ сытехуащ – къэзгупсысащ апхуэдэ зы къафэ. Си къуэшыр къыщыфэм деж сеуэрт, ар утыкум зэрикIыжу, зэпызгъэурт сэри. «Абы дыкъыдэгъафэ» жаIэми, сахуеуэртэкъым, «абы си къуэшращ къыдэфэр» жысIэрти. «Аушыджэр къафэ» зэхэслъхьащ, унэгуащэр Аушыджэр щыщти. «Тыжьей къафэ» стхащ, абы си ныбжьэгъу щIалэ дэсти. «Пасэрей къафэ», «Хъыджэбз къафэ» жыпIэми сиIэщ макъамэхэр. Ахэр радиомкIэ къат.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: