Зэкъуэту ягъэзащIэ къалэнщ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм

ЩIэныгъэлIхэр поплъэ «ЦIыхур зылъэмыIэса щIыуэпс» Урысей фондым илъэситI хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щигъэзащIэ Iуэхум кърикIуэнур зыхуэдэм.
«Къуршыбгъэхэм я хэщIапIэ мэзхэр дывгъэхъумэ» фIэщыгъэм щIэту фондым къыхилъхьа Iуэхур тегъэщIащ Кавказ Ищхъэрэм и къурш мэзылъэхэр зи псэупIэ, Тхылъ Плъыжьым ихуа бгъэ лIэужьыгъуэхэм я бжыгъэр нобэ здынэсыр къэхутэным. КIуэ пэтми ахэр нэхъ мащIэ мэхъу. Абы имыгъэпIейтейуэ къанэркъым Урысейм и экологхэр. Апхуэдэ Iуэхум и мыхьэнэр зэрыиныр къилъытэри, ар ядиIыгъащ Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэ, Бгылъэ щIыпIэхэмкIэ Урысей ЩIэныгъэ Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр институтым.
Институтым и лэжьакIуэхэмрэ Мэзкуу щыщ щIэныгъэлIхэмрэ зэгъусэу Май, Бахъсэн, Тэрч щIыналъэхэм я мэзхэм, Бахъсэн, Тэрч псыхэм я къыщIэжыпIэхэм щыIащ икIи а щIыпIэхэм къыщагъуэтащ бгъэ кIапэхум и абгъуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщу тIум бгъэ шыр цIыкIухэр ист. Апхуэдэу ахэр IущIащ куэдрэ узримыхьэлIэ псыхэуэ фIыцIэм, къашыргъэ лIэужьыгъуэ зыбжанэм я хэщIапIэм.
Фондым и къызэгъэпэщакIуэхэр зэрытепсэлъыхьамкIэ, жыгхэр къыщрач мэзхэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэт, бгъэхэм тIысыпIэ ящI Iуащхьэхэр гъавэ щIапIэхэм хагъэхьэ. Абы къыхэкIыу абгъуэ зытет жыгхэр Iэмал имыIэу хъумэн хуейщ, бгъэхэм ящыщу къэнэжа мащIэр бэгъуэжын папщIэ.
Бгъэхэм нэхъыбэ дыдэу къащIэхъуэр шыр щырыщщ. Ауэ щыхъукIэ я Iэхэлъахэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мащIэри зэуэ зыхащIэ. 
- Къэралым и унафэкIэ апхуэдэ щIыпIэхэр яхъумэнущ. Ахэр метр 500 хуэдизкIэ цIыхур здынэс мэзхэм пыIухауэ щытын хуейщ, езыхэми я шырхэми зыри зэран яхуэмыхъун хуэдэу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу щаубла а лэжьыгъэр щапхъэ нэс яхуэхъунущ мы Iуэхур чэзукIэ зылъысыну Осетие Ищхъэрэм, Дагъыстэным, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, - жиIащ фондым къыхилъхьа Iуэхур Кавказ Ищхъэрэм щыгъэзэщIэнымкIэ лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ Черкасовэ Еленэ.
 

 

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: