Илъэсихыр ди плъапIэу

КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытеп­сэ­лъыхьащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм ды­зыхуэкIуэ илъэси 6-м къриубыдэу адэкIи зэрызиужьыну щIыкIэм. 

Зэхыхьэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий къыхигъэщащ мэкъумэш IэнатIэр щIыналъэм и экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. 
- Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм иужьрей илъэсхэм лъагапIэщIэхэр зыIэрагъэхьэ къудейкъым, атIэ адэкIи а IэнатIэм зиужьынымкIэ нэщэнэхэри ди куэдщ. Ар щынэ­рылъагъущ тхуэзэфIэкIамрэ къытпэ­щылъымрэ ятеухуауэ дгъэ­хьэзыр ди зы дэтхэнэ дэфтэрми. Ди мурадщ дызыхуэкIуэ илъэс­хэми а щIыкIэм тету зыдузэщIыну икIи, ар къыдэхъулIэмэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу (бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэу) мэкъумэшым къыдит ­хъерым хуэдитIкIэ тхухэгъэхъуэнущ, - къыхигъэщащ Мусуковым. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. Ар къытеувыIащ республикэм и мэ­къумэш-промышленнэ IэнатIэм 2023 гъэм илэ­жьамрэ дызэрыт илъэсым къыпэщылъхэмрэ, апхуэдэуи къыхигъэщащ а лъэ­ныкъуэмкIэ щIыналъэм гъэ блэкIам        иIа ехъулIэныгъэхэмрэ адэкIи зиужьынымкIэ хэкIыпIэу щы­Iэхэмрэ.
2023 гъэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм зэи хуэмы­дэжу ­гъавэ бэв кърахьэлIэжащ. Къэдгъэлъагъуэмэ, хьэцэ­пэ­цэрэ джэрш лIэужьыгъуэу - тонн 1421,1-рэ. Ар 2022 гъэм зрагъэхъулIам нэхърэ процент 13,9-кIэ нэхъыбэщ. Абы ­щыщу тонн 1047,9-р нартыхущ. Ипэ ита илъэсым кърахьэ­лIэжам нэхърэ ар проценти 104,2-кIэ нэхъыбэщ. 
ХадэхэкIхэм я гугъу тщIымэ, 2023 гъэм республикэм, псори зэхэту, тонн 470,1-рэ щызэщIакъуэжащ. Ар ипэ ита илъэсым елъы­тауэ проценти 103,6-кIэ нэхъыбэщ. Абы щыщу тонни 154,6-р кIэртIофщ (проценти 101,8-рэ мэхъу).
КъинэмыщIауэ, республикэм гъэ блэкIам пхъэщ­хьэ­мыщхьэу щызэщIакъуэжащ зэи ямыIам хуэдиз. Къэдгъэ­лъагъуэмэ, мы­Iэрысэрэ мэракIуэ лъэпкъыгъуэу тонн 785,9-рэ (2022 гъэм зрагъэхъулIам нэхърэ процент 19,5-кIэ нэхъыбэ). 
- УФ-р зэрыщыту къэтщтэнщи, къэралым деж зыщезыгъэтха IуэхущIапIэ псоми пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу ­гъэ блэкIам къыщрахьэлIэжам и процент 29,4-р Къэбэрдей-­Балъкъэрым ­хуозэ. Ар, дауи, дызыщыгуфIыкI хъуну ехъу­лIэныгъэшхуэщ, - жиIащ Сыжажэм.
Абы и псалъэр къризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, респуб­ликэм и мэкъумэш IэнатIэм зэрызиужьыр нэры­лъагъу зыщIыр гъэ блэкIам и закъуэкъым, атIэ, иужьрей илъэситхур зэрыщыту къэтщтэнщи, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым  и   мэкъумэшыщIэхэм,  къэрал  программэхэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуэу, гъавэхэкIрэ хадэхэкIыу къыщрахьэлIэжым хэп­щIы­кIыу хэхъуэ зэпытщ. 
- Къалэн псори зыхуэкIуэжыр республикэм ерыскъыкIэ зыкъызэригъэпэщыжыфым, абы и лейуи къыщетхьэлIэ-жым адэ­кIи кIэрыдмыгъэхунырщ. Ди къэралым и адрей щIыналъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къазэрыщхьэкIыр сыт, атIэ? Ар, цIыху бжыгъэу щыпсэум елъытауэ, гъавэрэ пхъэщхьэмыщхьэу къыщрахьэлIэжыр тIукIэ зэрынэхъыбэрщ. Абы къыхэкIыуи, нэрылъагъущ пхъэщ­хьэ­мыщ­хьэрэ хадэхэкIыу къэдгъэкIыр уэм зэрыщыт­хъумэжыфын Iэмалхэми дызэрегупсысыпхъэр. Мы зэманым республикэм щыдиIэщ уэм пэщIэт гупитIрэ топхэр здэщыт щIыпIэу  37-рэ. 2023 - 2024 гъэхэм абыхэм иджыри тIу къа-хэдгъэхъуэну ди мурадщ: зыр Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Хьэмащэ хъупIэм  деж, адрейр Лэскэн щIыналъэм ит Уэзрэдж къуажэм и Iэхэлъахэм щыдгъэувынущ, - къыпищащ и псалъэм Сыжажэ Хьэсэн. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш IэнатIэм дяпэкIи зыщегъэу­жьыным, къуажэхэм я теплъэр нэхъри егъэ­фIэ­кIуэным, жылэдэс­хэм  я псэукIэ-щыIэкIэр иджырей мардэхэм къигъэтIэсэным ­нэ­хъри дызэрегугъупхъэм шэч хэлъкъым. Мэкъумэш IэнатIэм ехъулIэн­ыгъэхэр щыдиIэным псом япэрауэ хэлIыфIыхьри зи гуащIэ нэхъыбэу езыхьэлIэ-ри щIым нэхъ пэгъунэгъухэрщ, абы телэжьыхьхэрщ. Iэщыхъуэ-мэлыхъуэхэм я гугъу тщIымэ, а лъэныкъуэмкIи дефIэ­кIуэ­ным­кIэ хэкIыпIэфIщ къэралми езы республикэми къыдбгъэдэкIыу IуэхущIэхэр зэрыдгъэбелджылынур, ахэр ди щIыналъэм щыпхыдгъэкIыным яужь дызэритынур, - жиIащ Мусуковым, зэIущIэр щызэхуищIыжым.

КЪУМАХУЭ  Аслъэн. 

Поделиться:

Читать также: