Тотрэшрэ Емынэ-ЖьакIэрэ я хъыбар

(Нарт тхыдэжь)

Нарт тхьэмадэжьти, Албэч шу гуп зыщIигъури, зекIуэ ежьащ:

 – Емынэ-ЖьакIэ и щхьэр къэтхьынщ, – жаIэри.

Емынэ-ЖьакIэ нартхэ я биижьт, нартхэ къалъихьэурэ бэлыхь хидзэ зэпытт: я шыбз гуартэр яфIихуащ, кIэс ищIурэ яфIихьари мащIэкъым. И ужь ихьэ щхьэкIэ, лъэщIэмыхьэурэ Емынэ-ЖьакIэ и лъэужьыр кIуэдыжырт.

 – И лъэужь дытемыхьауэ къэдгъэзэнкъым, – жиIэри арат Албэч щIежьар.

Емынэ-ЖьакIэ хытIыгум тест: хытIыгум къыдэкIауэ, зекIуэм къаIущIащ, къапэуври, нарт шу гупыр къызэтриухъуэнщIащ, я шу пашэр – Албэч – уанэм иричщ, кIэс ищIри ежьэжащ. Нартхэ лъихьа щхьэкIэ, и лъэужь техьэжакъым: яIэщIэк1ри, хытIыгум техьэжащ Емынэ-ЖьакIэ.

 – ЩIэщхъу къытщыщIащ: ди тхьэмадэжьыр Емынэ-ЖьакIэ едгъэхьащ, – жаIэри зекIуэм къагъэзэжащ.

Албэч Емынэ-ЖьакIэ щихьам абы и щхьэгъусэр уэндэгъути, куэд дэмыкIыу щIалэ къилъхуащ. ЩIалэм Тотрэш фIащащ. Дзэгъэшынэ шу закъуэкIэ зэджэжари а Албэч и къуэ Тотрэшщ.

Тотрэш къыдэкIуэтейри и анэм щыхьащ:

 – Си адэм и кIуэдыпIэр къызжеIэ, – жиIэри.

ФIэщIалэти, жримыIэфурэ зы гъи гъитIи дигъэкIащ. Шым шэсыф хъуа нэужь, и анэр хигъэзыхьыпэ хъуащ Тотрэш:

 – Си адэм и кIуэдып1э хъуар къызжумыIэмэ, Уащхъуэ, зыслIэжынкIэ! – жиIэри.

 – Уи адэм и кIуэдыпIэ хъуар уэри кIуэдып1э пхуэхъунущ, – къыжриIащ и анэм.

 – АтIэми къызжеIэ.

Щыхигъэзыхьым:

 – Уи адэр Емынэ-ЖьакIэ ихьащ, – къыжриIащ. – Емынэ-ЖьакIэ и хэщIапIэр зыщIэ щыIэкъым, бгъуэтынукъым. Бгъуэтми, упэлъэщынукъым – улъемыжьэ.

 – Си адэр яхьауэ щIалэ кIэн джэгум сахэтын? – жиIэри, Албэч и къуэ Тотрэш шэсри, гъуэгу техьащ.

Гъуэгу здытетым, мэз щIыхьауэ, гуо макъ зэхихащ. Гуо макъыр къуэ кIуэцIым къыдэIукIырти, Тотрэш къуэм дыхьащ. ЗылI къуэ кIуэцIым дэтщ, зы шу джабэм кIэрыхьэжауэ елъагъу. Шум шы Iэдэжи иIыгъщ.

 – Сыт къэхъуар? – еупщIащ Албэч и къуэр лIым. – Гуо макъ зэхэсхати, къыдэздзыхащ. Къэхъуар къызжеIэ.

 – СыщэкIуэнути, си шыр слъахъэри мэзым сыхыхьащ, – къыжриIащ лIым. – Мэзым сыхэтыху, си шыр яхуащ.

ЩакIуэм и шыр къуэм дэзыхуар шытхым ихьэжащ апщIондэху.

 – Зыхуар пщIэрэ? – еупщIащ Тотрэш щакIуэм.

 – Зыхуар Емынэ-ЖьакIэщ – нэгъуэщIым къызикунукъым, – къыжриIащ.

 – Сыкъызылъежьам и лъэужь сытехьащ жыпIэркъэ, – гуфIащ Албэч и къуэ Тотрэш. – И хэщIапIэ пщIэрэ? Гъуазэ укъысхуэхъун?

 – ХытIыгум тесщ, – къыжриIащ щакIуэм. – Уезэгъынукъым: хытIыгум и хъуреягъыр къамыл мэзщи, псым узэпрыкIми, къамылым упхыкIыфынукъым. Гъуазэ жыпIэмэ, гъуазэ сыпхуэхъунщ.

 – Къэшэс абы щыгъуэ, – жиIащ Тотрэш. – Си шым тIури дихьынущ.

ЩакIуэр къигъэшэсри, Тотрэш къуэм къыдэкIыжащ, Емынэ-ЖьакIэ и лъэужьыр яхуурэ, Псыжь Iуфэ Iухьащ. Псыжь Iуфэ зы щIалэ щрихьэлIащ. ЩIалэр псым лъакъуащхьэкIэ хэтщ, бдзэжьей къыхедзри; и кхъуафэр ныджэм тесщ.

 – Мы щIыпIэм щхьэ фыкъихьа? – гужьеящ щIалэр. – Мыбы къихьа икIыжыркъым: фи псэр фужэгъужа?

 – Псым дызэпрыдз, – жриIащ Тотрэш щIалэм. – Псым дызэпрыбдзмэ, адэкIэ дэ ди Iуэхужщ.

Кхъуафэр псым хидзэри, щIалэм Албэч и къуэ Тотрэшрэ щакIуэмрэ псым зэпришащ.

 – Иджы уэ зы кIапэк1э къэув, сэ зы кIапэк1э сыкъэувынщи, къамылым мафIэ еддзынщ, – жиIащ Тотрэш.

ЩакIуэр зы кIапэкIэ къэуващ. Албэч и къуэ Тотрэш нэгъуэщI зы кIапэкIэ уври, къамыл мэзым лыгъэ ирадзащ.

Къамылыр исурэ Iугъуэр уэгум щихьэм:

 – Хэт къызикуа? – жи1эри, Емынэ-ЖьакIэ къэшэсащ.

МафIэм илыгъуауэ къажьэхыхьащ Емынэ-ЖьакIэр.

 – Албэч зы щIалэ къыхуалъхунущи, Дзэгъэшынэ шу закъуэкIэ еджэ хъунущ, жыхуаIар уэрмырауэ пIэрэ? Уи адэм укъыкIэлъыкIуащ уэ слъагъур, – жиIэри Емынэ-ЖьакIэ бжыщхьэ дыкъуакъуэ къидзащ.

Бжыщхьэ дыкъуакъуэм Тотрэш и лъапэм зыкъыщыхисащ.

 – Бжыщхьэ дыкъуакъуэр хъуакъым, Емынэ-ЖьакIэ, – жиIащ Албэч и къуэ Тотрэш.

 – Бжыщхьэ дыкъуакъуэр мыхъуамэ, шабзэр хъункъэ! – жиIэри бжыщхьэ дыкъуакъуэм шабзэшэр къыкIэлъидзащ Емынэ-ЖьакIэ.

Шабзэшэм Тотрэш ибгъукIэ зыкъыщыхисащ.

 – Шабзэри хъуакъым, Емынэ-ЖьакIэ! – пидзыжащ Албэч и къуэ Тотрэш.

 – Шабзэри мыхъуамэ, аркъэныр нок1уэ! – жиIэри Емынэ-ЖьакIэ аркъэн къидзащ.

Албэч и къуэ Тотрэш и пIэ икIакъым: аркъэныр и пащхьэ къыщехуэхащ.

- Емынэ-ЖьакIэ, лIыр щтамэ, мэуэщхъу, – жиIащ Албэч и къуэ Тотрэш. – Сэ уэщхъу си хабзэкъым. НокIуэ! – И сагъындакъыр зэIуидзэри, Емынэ-ЖьакIэ къригъэпсыхащ.

И адэр кхъуафэм къригъэтIысхьэри, Дзэгъэшынэ шу закъуэр хытIыгум къытекIыжащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: