КIуэдыж зимыIэ хъыбархэр![]() «Тхыдэжь уахътыншэхэр» – аращ зэреджэр «Урысейм и Полк уахътыншэм» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ штабымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» радиомрэ зэгъусэу къыхалъхьа жэрдэмым. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщызыхьа ди нэхъыжьыфIхэм я фэеплъыр хъумэн, абыхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ епха хъыбархэр цIыхубэм ялъэгъэIэсын гуращэкIэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ дахэм хэгъэгум щыпсэу дэтхэнэ зыри хэтыну Iэмал иIэщ. ЩIыналъэ радиом игъэхьэзыр нэтын зэужьым ипкъ иткIэ, жэрдэмщIакIуэхэр зи ужь ихьа Iуэхугъуэхэр ТекIуэныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу ирагъэжьэнущ, ар нэсу зэщIа хъун папщIи, радиом и редакцэм укIуэу уи макъыр ебгъэтхынри Iэмалыншэкъым – Iуэхур Iэмал зэриIэкIэ цIыхум щагъэпсынщIэ, унэм къыщIэмыкIыу и макъыр иригъэтхыу редакцэм и пощтым игъэхь хъунущ. Апхуэдэу пэIудзауэ зыщIынухэм папщIэ редакцэм и хэщIапIэхэмрэ зэрызапыпщIэну телефонымрэ къегъанэ. АудиомакъкIэ ягъэхьэзыра тхыдэжь уахътыншэр ягъэхь хъунущ radio_99.5@mail.ru майл-хэщIапIэм е +79287030127 телефон номерым пыщIа WhatsApp-м ебдзых хъунущ. Iуэхугъуэм къыхыхьэну хуейхэм папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм упщIэ зыбжанэ ягъэхьэзыращ. Абыхэм иратыну жэуапымкIэ Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужьым и хъыбарыр зэпыпщIэ, абы хуиIэ хущытыкIэмрэ зэрихьа лIыхъужьыгъэм хуэпщI Iулыджымрэ къэпIуатэ хъунущ. УпщIэхэм ягъуэтыпхъэ жэуапыр зы аудиотхыгъэм изагъэми, упщIэ къэс жэуап щхьэхуэ ягъуэту аудио зыбжанэ тепшэми хъунущ. Ауэ цIыхухэм ящыгъупщэ хъунукъым зы Iуэху – макъыр щрагъэтхкIэ, Iэуэлъауэ щIэмыту, псалъэмакъ лей къимыIукIыу, щхъыщхъ-тхъытхъ макъ имыщIу гъэхьэзырын хуейщ. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрагъэувамкIэ, аудио псалъэмакъыр дакъикъищ нэхъ мащIэу щытын хуейкъым, ауэ дакъикъитхуми фIэмыкIыныр Iэмалыншэщ. «Тхыдэжь уахътыншэхэм» къызэщIаубыдэ упщIэхэр мыхэращ: 1. Сыт «Полк уахътыншэ» зи фIэщыгъэ Iуэхум ухэтыну щIытебухуар? 2. Хэт и хъыбар къэпIуэтэжыр? Хэт и хъыбар радиом едаIуэхэм уазэрыдэгуэшэнур? 3. Зи гугъу пщIыну цIыхум и гъащIэм теухуа Iуэхугъуэхэм дауэ щыгъуазэ уазэрыхуэхъуар? Сытыт уи гум щыщIар ар япэ дыдэу щызэхэпхам? 4. КъэпIуэтэжыну хъыбарым уи гъащIэм сыт хуэдэ мыхьэнэ щиIар? 5. Радиом едаIуэхэм захебгъэхыну хъыбарым сыт цIыхур зыхуигъасэр, зыхуиущийр? 6. Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужьхэм я хъыбархэр хэIущIыIу щIын хуейуэ къэплъытэрэ? ЦIыхухэм ящIэн хуейуэ бгъэуврэ? 7. Иджырей дунейм Хэку зауэшхуэм теухуа тхыдэжьхэмрэ хъыбархэмрэ дапхуэдэу зэрыхэгъэзэгъэн хуейр? Сыт абы цIыхухэм къаритыр? 8. ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ хъуэхъу. 9. Уи цIэмрэ унагъуэцIэмрэ, ныбжьыр, IэщIагъэр. ЖэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьа пэхуэщIэ щIагъуэм къыпэджэжынухэм я тхыдэжьхэмрэ хъыбархэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» радиом и сайтым уащыкIэлъыплъыфынущ, «Урысейм и Полк уахътыншэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ» Iуэхугъуэм интернетым щиIэ напэкIуэцIхэм щыплъагъунущ: https://radiokbr.ru/, Телеграм https://t.me/polkrf_07, ВКонтакте https://vk.com/region07_polkrf, Одноклассники https://ok.ru/group/70000004966768. Iуэхугъуэм кърахьэлIа тхыдэжьхэмрэ хъыбархэмрэ интернетым ибгъуэтэнущ #Урысейм и Полк уахътыншэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ дамыгъэтедзэ зиIэ псалъэхэмкIи.
Поделиться:
Читать также:
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
23.09.2025 - 10:00 →
Зауэ хъыбархэр лIыхъужьхэм трахырт
03.09.2025 - 14:00 →
Нартсанэ - Къэбэрдей шытх
24.08.2025 - 12:10 →
Уэшхым хьэрычэт ирыращIэрт
| ||





