«Си гъащIэм щыщ усыгъэхэр»

Ар зи фIэщыгъэ усэ тхылъ иджыблагъэ Мейкъуапэ и «Полиграф-Юг» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Абы щызэхуэхьэсащ усакIуэ, егъэджакIуэ МамыкIэ Казбек и IэдакъэщIэкIхэр.

КъыдэкIыгъуэм ихуа усэхэр теухуащ адэ-анэм, лъэпкъым, хэкум, хабзэм, адыгагъэм, анэдэлъхубзэм, лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, гъэм и зэманхэм. Лъэпкъым и тхыдэм, и блэкIам теухуа усэхэри и мащIэкъым МамыкIэм. Щхьэхуимыту зи щIыналъэр зрагъэбгына, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм теухуауэ усэ зыбжанэ иIэщ. Апхуэдэщ «Истамбыл и гъыбзэр», «Хы фIыцIэ» усэхэр. КъинэмыщIауэ, МамыкIэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ сабийхэм яхуэгъэза усэ куэд.

МамыкIэ Казбек Къэсейхьэблэ къуажэм 1974 гъэм щэкIуэгъуэм и 23-м къыщалъхуащ. Къуажэ курыт еджапIэм и еплIанэ классым щIэсу усэ тхыным дихьэхащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ усакIуэм усэ пшыхьхэр къызэрегъэпэщ, бзэмрэ щIэблэмрэ яхуэгъэзауэ. Ар хэтащ Мейкъуапэ щекIуэкIа «Си хэку, си дуней!» фестивалым. Нэгъабэ ар ирагъэблэгъащ Мейкъуапэ къыщызэрагъэпэща «Адыгэ хьэлыжьу» фестивалым. Абы и усэхэм къеджащ Блашэпсынэ къуажэм щыщ сабийхэр. КъБР-м щызэхэта «Бзэрабзэ, си бзэу адыгэбзэ!» зэпеуэм, «Усыгъэм и зы махуэ» фестивалым щытекIуащ МамыкIэ Казбек и усэхэм къеджа ныбжьыщIэхэр.

КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм усакIуэм щIыхь тхылърэ медалрэ къыхуигъэфэщащ, республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъи къратащ, анэдэлъхубзэр хъумэным зэрыхуэлажьэм, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIым папщIэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: